Тыркум щыцIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа актрисэ Шорэ Туркан и ныбжьыр илъэс блыщI ирикъуащ. Абы теухуа тхыгъэхэр мызэ-мытIэу тетащ ди газетым. Ауэ иджы «Си Киномрэ Сэрэ» фIэщыгъэр иIэу и гъащIэм теухуауэ къыдигъэкIа тхылъым зи гугъу щищIхэм фыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу тыдодзэ тырку актрисэм, адыгэ бзылъхугъэм теухуа мы тхыгъэр.
Шорэ Туркан 1945 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м Истамбыл къыщалъхуащ. «Тырку кином и сулътIан» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщауэ, псоми къацIыхуу икIи пщIэшхуэ къыхуащIу апхуэдэщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр. Ар кином и дунейм щыхыхьар 1960 гъэращ, япэу зыхэтар «Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмращ. Туркан и япэ саугъэтыр - «Дыщэ ТIамыр» (Апельсин) 1964 гъэм Анталие щекIуэкIа фестивалым къыщратащ «ГъащIэ дыдж» фильмым щигъэзэщIа ролым щхьэкIэ, зи зэфIэкIыр нэхъ ин актрисэу къалъытэри. А саугъэт дыдэр 1968, 1987, 1994 гъэхэми къратащ, апхуэдэуи «ИгъащIэкIэ щIыхь зиIэну актрисэ» саугъэтыр 1996 гъэм къыхуагъэфэщащ. КъищынэмыщIауэ, Адана щекIуэкIа «Дыщэ шылащхьэ фестивалми» 1973 гъэм цIэ лъапIэ къыщыфIащащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, апхуэдэ саугъэту 20-м щIигъу иIэщ абы.
Телефильму, сериалу 222-м щыджэгуащ Шорэ Туркан, абы и лъэныкъуэкIэ фильм нэхъыбэ дыдэм хэта актрисэ дуней псом щыхъуащ. 1971 гъэм абы иригъэщIащ езым и цIэр зезыхьэ пэщIэдзэ еджапIэ. Туркан ящыщщ езыр режиссёру фильмым хэта актрисэ мащIэм. 1972, 1973, 1976, 1981 гъэхэм фильмиплI трихащ Шорэм, езыр режиссёру икIи роль нэхъыщхьэр щигъэзащIэу.
Шорэ Туркан и сабиигъуэр
«Вы хъунур шкIэ щIыкIэ къыбощIэ» зэрыжаIэщи, Шорэхэ япхъу Туркани зы бэлыхь зэрыхъунур къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, абы и сабиигъуэм дунейр зэрызыхищIэу щытамрэ дахагъэм гу зэрылъитамрэ тепщIыхьмэ. Мис абы и сабиигъуэм и нэ дахитIым ялъагъуфа телъыджэр, и сабиигу хей къабзэм зыхищIэфар:
«Зы щIымахуэ пщэдджыжьщ, даущыншэрэ гупсэхугъуэу... Ди унэ балконым сытетщ, уафэр щIыIэ мыл джейщи, содыкъ. Ауэ уафэ щIыIэр си жагъуэкъым, сфIэфIщ. Си нэр здынэплъысым къиубыд теплъэгъуэхэм си псэр яхьэхуауэ, си гур сIэпах. Уафэ щIэншэ, гъунэншэ дахащэм къафэ дахэ къыщащI хуэдэу, пшэ хужьыфэ-гъуабжафэхэр хуэм цIыкIуурэ щос. Зыр зым зыхуагъафIэу, IэплIэ зэхуащIыным хуэпабгъэ хуэдэу зызэхуаший, уэздыгъей жыг кIыхьышхуэхэм уэшх ткIуэпсхэр, налкъутналмэс зырызу фIэкIа умыщIэну, къудамэ псыгъуэхэм къаполыдыкI... АдрыщI къыщежьа кхъухьыр, къыдригъэхуей тхъурымбэ хужьыбзэхэр зэридзэкI-зэринэкIыурэ блосыкI... КъыпхуэмыIуэтэну теплъэ телъыджэщ. А теплъэ дахащэхэр кино теплъэгъуэхэм щыслъагъу хуэдэу си нэгу къыщIызогъэувэ».
Апхуэдэу къыщIедзэ Шорэ Туркан и гукъэкIыжхэм ятриухуа тхылъыр.
Ар тхылъышхуэщ, напэкIуэцI 400-м нэблагъэу. Туркан абы къыщеIуатэ кино гъуазджэм епха хъуа и гъащIэр, абы ныбжьэгъу къыхуищIахэр, фIыгъуэ-дахагъэхэр, гукъэкIыжхэр, тырку кином къикIуа гъуэгуанэр, абы зэрызиужьар, нэгъуэщIхэри.
Шорэ Туркан и адэшхуэ Мурат Тыркур и щхьэхуитыныгъэм щыщIэзэуа 1919 - 1922 гъэхэм дзэпщ пашэт, Истамбыл-Iэюб районым щыкъулыкъущIэт. Абы и дзэпщ джатэр иджыри ихъумэу жеIэ Туркан. Актрисэ цIэрыIуэм и адэшхуэм и анэм и цIэр Гуащэхъант.
Туркан и адэшхуэм и унагъуэм щIалищрэ зы хъыджэбзрэ яIэт. Езым и адэ МирIат-Хъалиди, и адэ къуэш нэхъыжь Адили полицэм хэтт. Адрей и адэ къуэш нэхъыщIэ Ридуани политикт, парт гуэрым щылажьэрт. Туркан и адэ шыпхъу Надири егъэджакIуэт, иужькIэ лIы дэкIуэри, и унэцIэр Уарлы хъуащ. ЗэкъуэшитIымрэ я шыпхъумрэ я адэм и унэжьу щыта, къатищу зэтетым щызэдэпсэухэрт - зы къатым Ридуан, зым Надирэ, зым Туркан и адэ-анэр, Адил щылажьэ щIыпIэм щыпсэурт.
Хъыджэбзым и ныбжьыр илъэсибл ирикъухукIэ унагъуэшхуэр а унэм щызэдэпсэуащ. Ридуан быниплI иIэти, абыхэмрэ Турканрэ зэрыгъэбзаджэрэ, зэрыгъэтхъэжу щызэдэпсэурт, зыгъэфIэнрэ къащхьэщыжынрэ я куэду. Пщащэр илъэсибл ирикъуа къудейуэ, и адэр и шыпхъумрэ и къуэшымрэ ящыIейри яхэкIащ, а район дыдэм нэгъуэщI унэ бэджэнду къыщищтэри, абы Iэпхъуащ. Абдежым щиухащ Туркан и сабиигъуэ тхъэгъуэр.
Шорэм и анэ Сау Мэлихьэри Салоникхэм къиIэпхъукIа адыгэ унагъуэм япхъущ. Мэлихьэ и адэ Шыкури лIы зэкIужу щытащ, сыт хуэдэ гупми къахэщу.
Туркан и адэм унагъуэр тыншу игъэпсэуну хущIэкъурт, ауэ полицэм къыщихь лэжьапщIэмкIэ ар зэрыхуейуэ хузэфIэкIыртэкъым. Iулъхьэ жыхуаIэр хьэрэмти, ягу къэкIыххэртэкъым. Абы къыхэкIкIэ, Туркан и анэри лэжьэн хуей хъуащ. Хъыджэбз цIыкIур пэщIэдзэ еджапIэм щыщIэтIысхьам къыдэIэпыкъуни, тезыгъэуни, зыгъэгушхуэни игъуэтыртэкъым - и адэр полицэм хэтти, щыкIуэри къыщыкIуэжри убзыхуатэкъым, и анэми лэжьыгъэр щиухыр гувауэт. ЕгъэджакIуэр нэфIкIэ къеплърэ къедэхащIэмэ, арат и гурыфIыгъуэр. ПэщIэдзэ еджапIэм щIэтIысхьа къудейуэ, Тырку Парламентыр къыщызэIуах махуэм хъыджэбз цIыкIу гуэр усэ кърагъэджэн хуей мэхъури, Туркан къыхах. Абы нэхъ Iуэхушхуэ дунейм темыт хуэдэу къыщыхъуу, Туркан усэ кIыхьышхуэм къызэфIэмынэу, дахэу къоджэри, еджапIэми къыщацIыху, фIыуэ къыщалъагъу мэхъу. Музыкэми хэзагъэу, къэфэнми хуэIэзэу, сурэт щIыни ифIэфIу апхуэдэт Шорэхэ я пхъур, еджэнымкIи зыри зытригъакIуэртэкъым. Етхуанэ классыр къыщаухым щыгъуэ зы пьесэ ягъэувати, абыи роль щигъэзэщIащ Туркан.
Унагъуэм гурыфIыгъуэ имылъмэ…
ЕкIуэкIыурэ 1954 гъэм Туркан и шыпхъу нэхъыщIэ Назан къалъхуащ. Абы тIэкIу тригъэу пэтми, адэмрэ анэмрэ зэзэгъыркъым, куэд дэмыкIыу зэбгъэдокIыжхэр. Апхуэдэм деж зэрыхъу хабзэу, сабиитIыр анэм къещтэри, нэпс-IупскIэ зэрипIыным хущIокъу. Адэм зегъэгусэри зегъэбзэхыпэ. Абы иужькIэ зэи къалъы-гъуэзэжыркъым. И адэ къуэш, адэ шыпхъухэри зэрызэщыIеящи, апхуэдабзэщ.
Гугъуехьышхуэ хэту псэуахэщ. Назанрэ Турканрэ зэхуэгумащIэу, зэхуэзэшу, зэрымылъагъумэ, зэхуэлIэу жыхуаIэм хуэдэу, зэхущытщ. Туркан и анэр иужькIэ лIы дэкIуэжри, аргуэру зы хъыджэбз къилъхужат. Аращ я шыпхъу ещанэр. Туркан и адэми нэгъуэщI фыз къишэжри, абыхэми зы щIалэ къахэхъуат, ауэ ар куэдрэ псэуакъым, пасэу дунейм ехыжащ.
Кином хуэзышэ япэ лъэбакъуэхэр
Туркан и адэшхуэм деж щыIэу зы пщыхьэщхьэ пшапэзэхэуэгъуэу щхьэгъубжэм щыдэплъым, цIыхухэр зэрехьэхыу къелъагъу, адрей махуэ къызэрыгуэкIхэм емыщхьу. Езыри абыхэм яхыхьэну, здэкIуэр зригъэщIэну хуей щхьэкIэ, и закъуэу яутIыпщыркъыми, гъунэгъухэм я гъусэу макIуэ. Езым къеIуэтэж:
«... Уэздыгъэ нэхушхуэ щэджащэхэм жэщыр махуэ дыгъэпс хуэдэу нэху къащIауэ зы утыкушхуэ дыхуозэ. ЯпэщIыкIэ си нэм къыфIэнэр зы цIыхубз дахащэ гуэрым и напэщ, мелыIыч напэщ, тхьэIухудщ. Нэхухэр телъалъэу зеплъыхь, уафэм доплъей. Адрейхэм иужькIэщ гу щалъыстэр, зопсалъэхэр, зыгуэрурэ защI. ЗищIысыр къызгурыIуэщатэкъым абы щыгъуэ, ауэ кинофильм трахыу, а цIыхубз дахащэри актрисэ цIэрыIуэ Нур Мухьтерэму къыщIокI. Псори абы йожалIэри, и Iэ щIэдзауэ и сурэт къыIах. Сэри чэзум сыхоувэри, и сурэт къыIызох.
ЯфIэгъэщIэгъуэну абы еплъхэм я япэ дызэм (рядым) сыхэтщ. Кинофильмыр тезыххэм ящыщ гуэрхэр зэзэмызэ зыкъагъазэрэ къызэплъу, зым адрейм сригъэлъагъуу гу лъызотэ. Ящыщ зыр къызбгъэдохьэри, зыгуэрхэр къызжеIэ. СымыцIыху хамэм псэлъэгъу сыхуэхъуу сесакъыми, сопIейтей, къызжиIэхэр къызгурыIуащэркъым. Си гур си бгъэм къыдэлъэтын хуэдэу къоуэ, сыщтэIэщтаблэу сыщIопхъуэжри, си адэшхуэ-анэшхуэм я пэшым лъагэу щызэтелъ уэншэкухэм захызодзэри, гъуджэр сIыгъыу сызоплъыж, си щхьэцхэр зэхэзэрыхьауэ солъагъу. Гъуджэр зэм жыжьэу IузогъэкIуэт, зэм гъунэгъу зыхузощIыж. Сызыхэта щтэIэщтаблагъэм къыхэкIыу, си нэкIущхьэхэр нэхъ плъыжь къэхъуащ. Си набдзэхэм, си нэхэм, си Iупэхэм хуэплъэу соплъри, сызэрыдахэр зыхэсщIэу, цIыхухэр къыщIызэплъыр къызгурыIуэу щIызодзэ.
А махуэм кинофильм щытрах утыкум жэрыжэкIэ сыкъижыжу сыкъыщIэпхъуэжа щхьэкIэ, зы илъэс фIэкIа дэмыкIыу сегупсыс хъуащ фильм техыпIэм сыкъыщыхута зэрыхъунум. Кином и къару щэхум ситхьэкъуауэ, сиумэхъауэ, малъхъэдисым хуэдэу сызыщIишэрт.
Абы иужь махуэ зыбжанэ дэкIауэ, Фатихь районым дэт гъэмахуэ кино зэIухам дашэри, и пэм къыщыщIэдзауэ, и кIэм нэсыху зы кинофильм сыщоплъ япэу. Фильмым и цIэр «МафIэс къэхъуащ». Нэхухэр ягъэункIыфI. Фильмым щIедзэ. ТIэкIу докIри, псори зэуэ зэдогъ, зэдодыхьэшх, фильмым итхьэкъуащи, нэгъуэщI дуней щыIэу ящIэжыркъым. ХьэгъуэлIыгъуэ гуэр, пшыхь гуэр ирагъэкIуэкI хуэдэщ. Сэри сыхэтщ а дуней щIэращIэм, Iупхъуэ хужьым къытридзэ драмэм сыхэтщ, си нэм нэпс къыщIож. Унэм сыкъэсыжыху сымыувыIэжыфу сыгъащ. Ауэрэ кинор си гупсысэм, си гулъытэм, си зэхэщIэм къыхэпщIэу щIедзэ.
Си ныбжьэгъу хъыджэбзхэмрэ сэрэ артист зэкIуж цIэрыIуэхэм датхьэкъуауэ дателIэу, ахэр зэпэдубыду щIыдодзэ.
Щэбэт-тхьэмахуэхэм си анэм деж сокIуэжри, си шыпхъу цIыкIум сыдоджэгу. Си анэр зыщIэс унэр зейр Йылдыз Iэмэл жаIэу зы актрисэ цIэрыIуэ гуэру къыщIокI. Ар ныуэжь хъуа и анэр и гъусэу нэгъуэщI къатым тесщ, дэ илъабжьэм дыщопсэу.
ЦIыхум и гъащIэр зыхуэзам щиубзыху щыIэщ. Си анэм нэгъуэщI унэ къищтэ хъунут, ауэ сэ кино дунейм сыхэзышэну къару щэхур къыхэIэбагъэнт. Ар сэ си натIэм къритхагъэнт.
Ищхьэм тес Йылдыз Iэмэл деж сокIуэ зэзэмызэ. Хуабжьу фIыуэ сыкъелъагъу, сэри абы си шыпхъу нэхъыжь хуэдэу сыхущытщ, сохъуапсэ, упхырыплъу нейлон лъэпэд зэрызыщитIагъэм, зэрызилэм сыдихьэхауэ соплъ... НыбжьыщIэщ, дахащэщ, узэгуэкIуэнщ, цIэрыIуэщ. Махуэ къэс Бейогълу районым (кином и центрым, артист псэупIэм) макIуэ. Зэи сымылъэгъуауэ, ауэ сызыщIэхъуэпс дунейм теухуауэ гъэщIэгъуэн къысхуеIуатэ.
Зы фильмыщIэ трахыну щыщIидзэ махуэ гуэрым сэри сыздишэну си анэм хуит сыкърегъэщI. Йылдыз Iэмэл и Iэпэр сIыгъыу унэм сыздыщIэкIым, сча лъэбакъуэхэр сэ кино дунейм сыхэзышэ япэ лъэба- къуэу къыщIедзыж...
А махуэм Йылдыз Iэмэл сыздиша фильм техыпIэм къыщыхъу-къыщыщIэр къызгурымыIуэу, зы лъэныкъуэ сетIысэхауэ зысплъыхьырт. ЦIыхухэр адэкIэ-мыдэкIэ зежэрт, уэздыгъэ инышхуэхэр зэрахьэрт, кIапсэ кIыхьышхуэхэр щIым теукъуэдият. Гу лъызотэ зэзэмызэ зыгуэрхэр къызэрысхуеплъэкIым.
Иужьрей махуэм сымыцIыху лIищ ди бжэIупэм деж си анэм къыщепсалъэу солъагъу, сэ си гугъу зэращIыр къызгуроIуэ. Си гур къилъэтын хуэдэу къоуэ. Зы кинофильм гуэрым сыщыджэгуну хуит сищIыну, си анэм къелъэIуу аращ. Псалъэмакъыр кIыхьлIыхь мэхъу. Зыкъезмыгъэлъагъуу щIыхьэпIэм деж зыщызогъэпщкIури, си гур къилъэтыным хуэдэу содаIуэ, си анэм яжриIэнур къэсщIэным сыщIэбэгыу. Жэуап пыухыкIа яритыркъым си анэм. ЗэрыжаIэмкIэ, си анэм «хъунщ» жиIэу щытмэ, ди унэм ахъшэ лей къихьэнущ, гугъуехь дызыхэтым кIэ игъуэтынурэ дытыншыжынущ. Ауэ сэ соджэ, фIыуэ соджэ, еджапIэр хыфIэздзэ хъунукъым, жэщи махуи ущагъэIэу еджапIэ щыIэщи, абы сагъэкIуэну унафэ ящIагъэххэщ.
Си къэкIуэнур си анэм къыжьэдэкIыну псалъэ закъуэм епхащ. Махуэ зы-тIукIэ йогупсысри, си анэм «хъунщ» яжреIэ фIэмыфIыщэу. А «хъунщ» псалъэм си гъащIэ псор нэгъуэщIым хуеунэтI. Си анэм ищIа унафэм щхьэкIэ сыгуфIэнуми, сышынэнуми, сыгужьеинуми сымыщIэ... Ауэ си щхьэм упщIэ куэд къотаджэ. Сэ си гуапэу, сфIэфIу соджэ. Иджы актрисэ сыхъуну ара? Сэ абы сыхуей, сыхуэмей?.. Фильм техыпIэм сынэсыху, апхуэдэ упщIэхэр си щхьэм щызэрызохьэ».
Апхуэдэурэ Шорэ Туркан кином и япэ лъэбакъуэр щеч. КъыжраIэр егъэзащIэ, зэрыжаIэу зещI, зи роль игъэзащIэ пщащэм и пIэм йоувапэри, апхуэдабзэу мэпсэу. Фильм техыпIэм щигъэкIуа япэ махуэр мыпхуэдэу къеIуэтэж езым: «Iуэхуу сщIэм и уасэр, и уэимагъыр сщIэркъым, зы пщэрылъ сиIэ хуэдэу зыхэсщIэркъым. СхузэфIэкIын, схузэфIэмыкIын? Апхуэдэ гупсыси, шыни, ерыщагъи, сыздынэсын хуей зы щIыпIэ гъэнэхуаи сиIэкъым. Абы къыхэкIкIэ, камерэ пащхьэм зыкIи сыщыгужьеякъым, сыщыпIейтеякъым, схэлъу къыщIэкIа сэнауш къызэрыгуэкIым и фIыгъэкIэ, къызата ролыр тыншу, гупсэхуу згъэзэщIащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, роль згъэзащIэркъым - а махуэм сэ зэрызысщIын хуейуэ къызжаIэхэр сэ си гъащIэм щызгъэзэщIа Iуэхугъуэ къызэрыгуэкI гуэр хуэдэу къысщохъу».
«Къуажэм фIыуэ щыслъэгъуащ зы пщащэ» фильмыр щытрахым абы хэт артистхэр куэду къеплъащ хъыджэбз цIыкIум, абы и дахагъым дихьэхащ, ролыр зэригъэзащIэр, псынщIэу зэрыхэгъуэзар яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Езым зэхимых я гугъэу, «ар зэрыдахэ, сэнаушышхуэ зэрыхэлъыр» псалъэхэр къыхужаIэу зэхихыхукIэ, дауи, и гуапэ мэхъури, нэхъри тогушхуэ. Фильмыр къагъэлъэгъуа нэужь, критикхэм псалъэ гуапэхэр къыхужаIэ.
Кинофильм техыныр псынщIэу зэфIэкIыркъым, зэман куэд ехь. Япэ махуэхэм фильмри тесхынщ, еджапIэми сыкIуэнщ жиIэу щытамэ, ар зэрымыхъунур къыгурыIуэу щIедзэ. И егъэджакIуэхэм хъыбар къыхурагъэхь, фIыуэ зэреджэм щхьэкIэ еджэныр хыфIидзэн дэнэ къэна, Iэпэдэгъэлэл ищI мыхъуну къыхуагъэув. Езыми хуабжьу фIэфIщ еджэну, и ныбжьэгъухэр, и егъэджакIуэхэр и гум къокI, абыхэм яхуозэш. Сытми, еджапIэр хыфIидзэну хуейкъым. АрщхьэкIэ, а тIур хузэдэхьыркъыми, хыфIидзэн хуей мэхъу, и гур къеныкъуэкъуми. Экзамен итурэ еджэ зэрыхъунур иужькIэ къыщищIэм, тIэкIу и гур псэхуауэ актрисэ гъуэгуанэм тоувапэ.
И анэри Iэнкунщ, ярэби фIы сщIэуэ пIэрэ, хъыджэбз цIыкIум си ягъэ езгъэкIыу пIэрэ, жиIэу. И адэшхуэри арэзыкъым, ипхъуми и пхъурылъхуми закъыхуегъэгусэ, и пхъурылъху дахэ цIыкIур еджэу цIыхушхуэ хъуным и пIэкIэ, «артист» зэрыхъур и напэм къригъэкIуркъым.
Куэд щIауэ зэмыфIыж и адэ къуэшхэм я нэхъыщIэри къэгубжьауэ зы махуэ гуэрым къокIуэри, анэм пхъашэу къопсалъэ, къошхыдэ, «ддэнукъым ди пхъур актрисэ пщIыну» жеIэ, «е актрисэ умыщIу мыхъуну щытмэ, ди унэцIэр зевмыхьэ, фхъуэж, нэгъуэщI унэцIэ къафщтэ!».
Зэанэзэпхъум я фIэщу нэгъуэщI унэцIэ къалъыхъуэу щIадзэ - Гъагъэти, Розэти, Нэхути, Нурти, Дыгъэти, Мазэти... Ауэ езыхэм зыгуэрым трамыубыдэ и пэ, фильмыр тезыха фирмэм афишэхэр трыригъэдзауэ, блын куэдым кIэрагъэпщIауэ къыщIокIри, хуей-хуэмейми, Шорай унэцIэр зэрехьэ икIи иужькIэ апхуэдэу зэрыхъуар езыми хуабжьу и гуапэ мэхъуж, ари Тхьэм и унафэу къелъытэри, ину шыкур хуещI.
Адрей и адэ къуэш нэхъыжьми и гуапэтэкъым Туркан актрисэ зэрыхъуар. Ар полицэ тхьэмадэти, Анадолэм и къалэ зэхуэмыдэхэм къулыкъу щищIэрт. Туркан а къалэ дыдэм фильм щытрихми, зэи къылъыгъуазэртэкъым. Илъэс зыбжанэ дэкIауэ, Туркан и адэ къуэш нэхъыщIэ Ридуан (ди унэцIэ зепхьэу ддэнукъым жиIэу, и анэм къешхыдэгъам) и къуэрылъху цIыкIум махуэшхуэ хуагъэлъапIэу абы хэтыну Туркан макIуэ. Пэшым зэрыщIыхьэу хьэщIэхэм къацIыхури, Iэгуауэшхуэ къыхуаIэт. Сабийр зыхэлъ пIэм щыбгъэдыхьэм, и адэ къуэш Адилыр елъагъу Туркан, Iэгуауэ макъри зэпыуркъым. Илъэс куэд блэкIами, зэхуэмызами, актрисэ зэрыхъуар ямыгуэпами, иджы цIыхубэм Iэгуауэшхуэ зыхуаIэт япхъу Турканым зэрыригушхуэр и плъэкIэм къыбжеIэ. Хуабжьу я гуапэу IэплIэшхуэ зэхуащIри, зокIужхэр.
Шорэ Туркан и лэжьыгъэр гъэщIэгъуэн защIэ пэтми, псори къэтIуэтэфынкъым, ауэ иджыри ди щIэджыкIакIуэхэм нэхъ гукъинэж къащыхъуну ди гугъэ теплъэ гуэрхэм я гугъу тщIынщ.
Шорэ Туркан 1972 гъэм зы кинофильмым здыхэтым, абы и кIэухым деж шым шэсу и псэлъыхъум дыщIэпхъуэн хуейт. АпщIондэху шым хъарзынэу тесарэ пэт, абдежым зытес шыгъажэшым нэгъуэщI зыш къыдэжэ хуэдэу къыщыхъущ, уэщIэ-дэмыщIэу щIэбгъунлъщ, щIэпхъуэри, Туркан къридзыхащ, и пщэ гурыгъыр зэриудащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ажалым къелащ. Абы иужь зэман куэдкIэ кино Iуэху зэрихуэжакъым. Ауэ кином уитхьэкъуа нэужь, уи пщIыхьэпIэми ар хэтынущ.
Зы махуэ гуэрым газетым зы хъыбар къыщоджэ Туркан. Абы зэритымкIэ, зы щIалэ гуэрым ахъшэ къигъэхъэну, и унагъуэр тыншу игъэпсэуну и гугъэу нэмыцэм лэжьакIуэ макIуэ, и щхьэгъусэр къуажэм къыденэри. Зэман дэкIауэ и щхьэгъусэм псалъэмакъ трагъэIукI епцIыжауэ, щIасэлI иIэ хуэдэу. Ар щIалэм зэхехри, и щхьэгъусэр иукIыу и напэр игъэкъэбзэжын и гугъэу машинэм зредзэри, Тыркум къэкIуэжыну къожьэ. Ауэ гъуэгум машинэ зэжьэхуэм щыхокIуадэ.
Хъыбар гуузым Туркан
режиссёр ещI
Къызэджа хъыбар гуауэм куэдым ирегъэгупсыс Шорэ Туркан, и пщэ зэрыудар игъэхъужу здыхэлъым. «Мыбы зы кинофильм хъарзынэ къыхэпщIыкI мыхъуну пIэрэ?» - йогупсыс ар. Езым дзыхь зыхуищI режиссёр гуэрхэм захуигъэза щхьэкIэ хъуркъым, е нэгъуэщI Iуэху яIэу къыщIокI, е щхьэусыгъуэ гуэркIэ ядэркъым. И ныбжьэгъу гуэрым трегъэгушхуэ, езыр режиссёру а фильмыр трихыну.
Къапщтэмэ, а илъэсхэм абы тегушхуэгъуафIэтэкъым, апхуэдэ кинофильм тезыха бзылъхугъэ щыIэтэкъым, щыIэми мащIэ дыдэт. Режиссёр IэнатIэр хъулъхугъэ IэнатIэщ, бзылъхугъэр абы щIыхыхьэн щыIэкъым... Арат жаIэр. Ауэ хъунукъым, пхуэщIэнукъым жаIэхукIэ, Туркан нэхъри хуэерыщ мэхъу а Iуэхум, адыгэкъэ!.. Ар зы. ЕтIуанэрауэ, фильмыр зи мылъкукIэ трезыгъэхыну и ныбжьэгъури хуабжьу щIэгъэкъуэн къыхуохъу, трегъэгушхуэ: «УкъимыкIуэт, умышынэ, фильмыр тепхрэ, мыхъуу щытмэ, зыми езмыгъэлъагъуу згъэсыжынщ», - къыжреIэ.
Туркан, къызэджа хъыбарыр апхуэдизкIэ и гум щIыхьати, а ролыр и псэм зэрыхэлъым хуэдэу зыми хуэмыгъэзэщIэну къыщыхъурт. Арати, и пщэ гурыгъ зэрыудар иджыри мыхъужыпами, дохутырхэм къыхуамыдэми, игъащIэм игу къэмыкIа, зыхуемыджа режиссёр IэнатIэ хьэлъэм пэрыувэн, абыи къыщымынэу, роль нэхъыщхьэри дигъэзэщIэн хуей мэхъу.
Шорэ Туркан триха, езыри зыхэта фильмыр щIыпIэ куэдым щагъэлъэгъуащ. Ар Москва къашауэ зэрыщытари гукъэкIыж дахэу етхыж актрисэм.
«Кином хилъхьа гъащIэ Iыхьэм, и гуащIэм къыпэкIуэ пщIэр псэууэ илъагъужыну зи насып къихьа гъуазджэрылажьэ насыпыфIэ мащIэхэм сащыщщ сэ.
Ину фIыщIэ пхузощI, кино, ину фIыщIэ...» – еух тхылъыр абыкIэ.
Шорэ Туркан хуабжьу фIыуэ ялъэгъуащ, ягъэфIащ, ягъэлъэпIащ, ауэ езыр зэи щыкIакъым, удэфакъым, фIыуэ къэзылъэгъуахэм зэи къахуеплъыхакъым, кинор игъэбжьыфIа пэтми, кином зэрыдэбжьыфIар зэи зыщигъэгъупщакъым.