Ди республикэм и къалащхьэм и гъуэгухэм цIыхухэр къыщрашэкIыну трагъэувэнущ «CITYMAX 9», «Вектор NEXT 8.8» автобусыщIэу 44-рэ. Ахэр дыгъуасэ къалэм и автопаркым иритащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
А Iуэхум пэщIэдзэ хуэхъуащ Москва и ВДНХ-м щекIуэкI «Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ иным Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыхухаха и плIанэпэшхуэм видеозэпыщIэныгъэкIэ зэхуэсыр къыщызэIузыха, УФ-м транспортымкIэ и министр Савельев Виталий и къэпсэлъэныгъэр. ГуфIэгъуэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, транспорт IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
«Жылагъуэ транспортыр зэпыу имыIэу, тэмэму лажьэмэ, ар къалэм щекIуэкI гъащIэм, Iуэху куэдым я тегъэщIапIэфIщ. Урысей Федерацэм и Президентым, Правительствэм гулъытэшхуэ хуащI жылагъуэ транспорт IэнатIэм щIыналъэхэм зыщегъэужьыным. Абыхэм я унафэхэм япкъ иткIэ, дызэрыт илъэсым къриубыдэу иджыри транспорт мини 7-м щIигъу яIэрыхьэнущ щIыналъэхэм. Ар хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм еплъытмэ», - жиIащ Савельев Виталий, ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум къекIуэлIахэм захуигъазэу. Абы фIыщIэ яхуищIащ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэу зи къалэнхэр хьэлэлу зыгъэзащIэхэм.
Автобусхэр республикэм зыIэригъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым къриубыдэу, ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фондым казначейскэ кредит хэхауэ сом мелуан 400-м нэс къыщищтэри.
КъБР-м и Iэтащхьэм автобусхэр паркым щритым жиIащ транспорт IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гулъытэ зэрагъуэтынур. «Дэ делIэлIэнущ фи лэжьыгъэм хуэфэщэн улахуэ зэрыхуэдгъэувыным, социальнэ и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу дыхъунущ. ЩIыналъэр иджыри хуэныкъуэщ транспорт куэд. Абыи долэжь. Ахэр зыIэрыдгъэхьэмэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэри щыIэнущ. Заужьынущ абыхэм епха IуэхущIапIэхэми», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек и псалъэм.
АвтобусыщIэхэр къызэгъэпэщащ кондиционерхэмкIэ, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыхухэм хуэщIа дэкIуеипIэхэри тIысыпIэхэри иIэщ. ГъуэгупщIэри нэхъ тыншу щыпхуэтынущ абы, шофёрыр умыгъэпIейтейуэ.
«ТранспортыщIэр къэралым и щIыналъэхэм ялъоIэс УФ-м и Президент Путин Владимир абы ехьэлIауэ ищIа унафэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ. Ахэр догъэзащIэ, гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, уэздыгъэхэр фIэдзэным, къэувыIэпIэхэр зыхуей хуэгъэзэжыным епха лэжьыгъэхэм ящIыгъуу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Автобусхэр къэтщэхун папщIэ къэтщта кредитыр илъэс 15-м тещIыхьащ. Нэхъыщхьэращи, абы процент техьэркъым. Иджыри ди мурадщ автобусыщIэу 100 хуэдиз къэтщэхуну. Налшык и автопаркым техникэ зэмылIэужьыгъуэу 70 иIэщ. ЦIыхухэр къешэкIынымкIэ Iуэхур къызыхуэтыншэу зэфIэха хъун папщIэ, уней хьэрычэтыщIэхэри абы къыхэдгъэхьэнкIэ хъунущ. Паркым и транспортым хэдгъэхъуэнущ автобус зэпэщхэмкIэ. Гулъытэ хэха хуэтщIынущ къалащхьэм и Белая Речкэ, Кэнжэ, Александровкэ хьэблэхэм».
АвтобусыщIэхэр республикэм къызэрыIэрыхьамкIэ щIыналъэм и Iэтащхьэм апхуэдэуи фIыщIэ хуищIащ УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэм, IэнатIэм щIыпIэхэм зыщегъэужьыным абы гулъытэ зэрыщыхуащIым папщIэ.
ЦIыху 77-рэ зэрыхуэ «CITYMAX 9», цIыху 65-м нэсым тещIыхьа «Вектор NEXT 8.8» автобусхэр куэд дэмыкIыу гъуэгухэм техьэнущ. Абыхэм лэжьэн щIадзэмэ, шэч хэмылъу, цIыхухэр къешэкIыным епха Iуэхухэр ефIэкIуэнущ, гъуэгухэри нэхъ шынагъуэншэ хъу-нущ.