ГЪУЭГУФIХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэмрэ «Шэджэм цIыкIу» хьэблэмрэ я зэхуакум дэлъ, километри 3,5-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгур иджырей мардэм къитIасэу зэрагъэпэщыжынущ. Р-217 федерал гъуэгум къыщыщIедзэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым и кIыхьагъкIэ ирокIуэ ар.

Социальнэ мыхьэнэшхуэ иIэщ а гъуэгум. Ар йокIуалIэ курыт еджапIищым, сабий садитIым, администрацэм и унэм, полицэм и хэщIапIэм, поликлиникэм, нэгъуэщIхэми.
УхуакIуэхэм къапэщылъщ гъуэгум зрагъэубгъуну, асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тралъхьэну, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр, бжэIупэ IухьэпIэхэр къыхагъэкIыну. Апхуэдэуи машинэ гъэувыпIэхэр, къэувыIэпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщным хуэщIа гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи гъэмахуэм ирихьэлIэу къанэ щымыIэу зэфIагъэкIынущ. 

ТЭМОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.06.2026 - 15:02

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральн

07.06.2026 - 10:01

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ.

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.