КУЭДЫМ ЯМЫЦIЫХУ ДИ КЪУРШХЭР

Метр миниплI нэхърэ нэхъ лъагэу Урысейм бгы 72-рэ итщ. Абыхэм ящыщу 67-р Кавказ Иным, 2-р Алтайм, 3-р Камчаткэм щыIэщ. Кавказым хиу­быдэ бгыхэм ящыщу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм хохьэ 16-р. Абыхэм я лъагагъыр метр минитхум ноблагъэ. 

Урысеймрэ Куржымрэ я зэпылъыпIэм хуэзэу екIуэкI ­Безенги блыныр щIыуэпсым и телъыджэхэм хабжэ. Абы километр 13 и кIыхьагъщ. Къуэ­кIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Цаннер щхьэдэхыпIэм къыщыщIедзэ­ри, йокIуэкI, къуэкIыпIэ лъэ­ныкъуэмкIэ Дыхтау нэс зеубгъу. Безенги блыным и щхьэр зэрыщыту мылылъэ абрагъуэ­хэщ. А щIыпIэм къыр задэхэр, узыдэмыкIыф щыгухэр, зэпэ­щIэт къурш зэхуэмыдэхэр куэду щызэхэтщи, уи щхьэр ягъэуназэ.
Безенги блыным бгы зыбжанэ хэтщ метр минитхум нэмысу: Катын-Тау, Гестола, Шота Руставели и цIэр зезыхьэ щыгу, Ляльвер, Есенин и цIэр зезыхьэ щыгу.
Катын-Тау бгым метр 4979-рэ и лъагагъщ. А щыгум япэ дыдэу цIыху щыдэкIар 1889 гъэрщ. Абы лъандэрэ ар зэи цIыхуншэ хъуакъым. Бгым узэрыдэкI ­лъагъуэ зыбжанэ иIэщ, и гу­гъуагъкIэ зэхуэмыдэу. Катын-Тау илъэс псом уэс телъщ. ­Къуршым и сыт хуэдэ лъэны­къуэмкIи удэкIыну гугъу ещI мывэ къелъэлъэххэм, уэс­укхъуэ щIэх-щIэхыурэ къехым, дунейм и щытыкIэм пIалъэ кIэщIкIэрэ зэрызихъуэжым. ­Хуабэ дыдэу щытурэ, жьап­щэшхуэ къыкъуэууэ уэсукхъуэ къыщехи къохъу. Гъэмахуэм­ ­къуршым и щыгум щIыIэр градус пщыкIутхум нэс щехынкIэ мэхъу. И лъапэм къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 3000-м нэблагъэ къыщокI. ХьэкIэкхъуэ­кIэ, къуалэбзу куэдым ущрохьэлIэ мы щIыпIэм: мыщи, бажи, былътырыкуи, къурш бжэни, тхьэрыкъуи, къуршыбгъи. Метр щиплIкIэ удэкIуеймэ, щыплъагъунущ къурш гуэгуш. Ахэр унагъуэ гуэгушхэм ещхьщ, ауэ тIэкIу нэхъ цIыкIуу аркъудейщ.
1976 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщауэ щыта бгыщхьэ заповедникым хохьэ Катын-Таур. Урысейм щыIэ бгы нэхъ лъагэ дыдэхэм я деж абы ебгъуанэ увыпIэр ­щеубыд.
Гестола бгыр Безенги блыным хэт нэхъ лъагэхэм ящыщщ. Ар метр 4860-рэ мэхъу икIи Кавказым щыIэ бгыхэм ящыщу узыдэкIыну нэхъ гугъу дыдэу ябж 20-м хохьэ. Урысейм и альпинистхэм япэ разряд зратыну, спортым и мастер хъуну хуейхэм ягъэзэщIэн хуей программэм хохьэ Гестола бгым дэкIыныр. А бгым и ищхъэрэ лъэныкъуэр КуржымкIэ гъэзащ. Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Безенги блыным уеплъмэ, Гестола адрейхэм къахыбоцIыхукI и теплъэр щимэу, пирамидэм ещхьу зэрыщытымкIэ. А бгыр цIыхухэм ижь-ижьыж ­лъандэрэ яцIыхуми, дэкIын щыщIадзар ХVIII лIэщIы­гъуэрщ. Гестола бгым япэ дыдэу 1886 гъэм дэкIат Лондон щыIа альпклубым хэта цIыху зыбжанэ. Нэхъ тыншу къалъытэри, ахэр зэрыдэкIар куржы лъэныкъуэмкIэ иIэ лъа­гъуэрщ. Абы иужькIэ щIадзэри, цIыху куэд ихьащ абы и щыгум. Хэку зауэшхуэм и зэманым бгы дэкIыныр зыми яIуэхуакъым. Ауэ 1959 гъэм «Безенги» альплагерыр къызэIуахащ, унэ цIыкIухэри яухуащ, шхапIэ, медпункт, гъэтIылъыпIэ къы­щы­зэрагъэпэщащ, икIи цIыху­хэр уэру къекIуалIэу щIадзащ. Абыхэм нэмыщI, къызэIуахащ альпинистхэр щагъасэ, щагъэхьэзыр еджапIэ. Ди зэманым абы зы илъэсым гупий альпинисту къыщIегъэкI. 2016 гъэ лъандэрэ гъэсэнхэм разряд нэхъ лъагэ кърату, бгыхэм я лъагъуэ гугъухэмкIэ щызекIуэхэу ягъасэ.
Руставели Шота и цIэр зезыхьэ щыгур Урысеймрэ Куржымрэ я гъунапкъэхэм хуозэ. Абы и лъагагъщ метр 4859-рэ. Альпинистхэм фIыуэ ялъагъуркъым а бгыр. Мыбы дэкIыну тегушхуэхэр зэкъуэтIакъуэ ды­дэщ, лъагъуэр егъэлеяуэ зэрыгугъум къыхэкIыу. Мы бгым цIэ имыIэу екIуэкIащ, ауэ 1937 гъэм куржы усакIуэ Руставели Шота и цIэр фIащащ. Япэ дыдэу мыбы дэкIахэр Гвалиерэ Квицианирэщ. 
Безенги блыным хыхьэ ­Ляльвер бгыр альпинистхэр зыдэкI нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ. Ар Безенги блыным и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ япэ узыхуэзэрщ. Япэ дыдэу мы бгым дэкIар Николадзе Д. и гупырщ, 1929 гъэм. Ляльвер уикIыу Есениным и цIэр зезыхьэ щыгуми, Гестола бгыми узэры­кIуэ лъагъуэ иIэхэщ.
Ляльвер и лъагагъщ метр 4350-рэ. Ар Безенги блыным и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ хуозэ. Альпинистхэр мы бгым зэры­дэ­кIыр ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэщ. 
Есениным и щыгум метр 4320-рэ и лъагагъщ. УсакIуэм и цIэр бгым фIащащ 1995 гъэм, ар къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ удэкIыну зэрыгугъум, зэрышынагъуэм къы­хэкI­кIэ, альпинистхэр ипщэ лъэныкъуэмкIэ иIэ лъагъуэмкIэ нэхъ зокIуэ.

БИЦУ Жаннэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2024 - 09:16

Бахъсэн къалэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и мылъкукIэ 2024 гъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ.

12.11.2024 - 09:06

ЕфIакIуэ зэпыту къогъуэгурыкIуэ

Адыгэ Республикэм мы гъэм егъэлъапIэ ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ зэрырикъур. Абы ирагъэхьэлIащ «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм я журналистхэр «Адыгэ макъым» дызэрыригъэблэгъар.

12.11.2024 - 09:05

Бзылъхугъэ ц1эры1уэ

Тхыгъэр зи къалэмыпэ къыщIэкIа МэшхуэфI Нэждэт Тыркум къыщалъхуами, и гъащIэр зэрыщыту адэжь лъахэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ щхьэузыхь яхуищIащ.

12.11.2024 - 09:04

Еджэрыкъуейхэр

БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр зезыхьэ адыгэ лъэпкъым къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэщ.

11.11.2024 - 08:49

Гупсысэ щIэщыгъуэхэмкIэ зохъуажэ

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщри, Налшык къалэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ къыщыдэкI газетхэм нобэ я Iуэху зэрыдэкIым, газетыр гъэхьэзырыным,