БЖЫГЪЭХЭМ КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Урысей Федерацэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 89,5-рэ я уасэ, ар проценти 10,1-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. 

Псори зэхэту мэкъумэшхэкIыу къалъэщам щыщу къэкIыгъэхэм къалъос процент 59-рэ, Iэщымрэ джэдкъазымрэ – процент 41-рэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я Iыхьэу абы хэлъщ процент 30,4-рэ. 
Гъавэмрэ джэшхъуреймрэ (нартыхур яхэту) зэхэту кърахьэлIэжащ тонн мелуан 1-рэ мин 421-рэ. Ар процент 13,9-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхърэ. ХадэхэкIыу (хуабапIэхэм къыщагъэкIари хэту) кърахьэлIэжащ тонн мин 470,1-рэ – 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 3,6-кIэ ар нэхъыбэщ. Пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу зэщIакъуэжащ тонн мин 785,9-рэ – ар процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ ипэ ита илъэсым нэхърэ. 
Республикэм и мэкъумэш, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжу зезыгъэтхахэм, унагъуэхэм псоми зэхэту Iэщу, джэдкъазу ягъэхъуам я бжыгъэми хэхъуащ. Къэрал статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, псоми зэхэту абыхэм яIыгъщ Iэщ щхьэ бжыгъэу мин 277,3-рэ, е блэкIа илъэсым елъытауэ процент 1,6-кIэ нэхъыбэ, кхъуэуэ мини 3,9-рэ (проценти 6,7-кIэ), мэл-бжэну мин 470,6-рэ (процент 14,3-кIэ), джэдкъазу мелуани 4,6-рэ (проценти 10,8-рэ).
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.