ШЫПСЭ ПЭЖХЭР И ГЪУНЭЖЩ

Урыс тхакIуэ, усакIуэ, драматург Крылов Иван нэхъыбэ дыдэу цIэрыIуэ зэрыхъуар и шыпсэхэрщ.  XIX зи къалэмыр зыгъэжана тхакIуэхэм ящыщу нэхъыбэу цIыхухэм щIаджыкIыу щытахэм ящыщщ а шыпсэхэр. Жьыми щIэми я гум дыхьэрт, зыIэпишэрти, яджырт. Илъэс 15 щыхъум Крылов Иван гушыIэ, трагедие, оперэ итх хъуащ. ИужьыIуэкIэ шыпсэ (басня) жанрым дихьэхащ. 1789 – 1793 гъэхэм ахэр къытехуэрт «Утренние часы», «Почта духов», «Зритель», «Санкт-Петербургский Меркурий» журналхэм. 1793 гъэм «Меркурий» журналыр суд Iуэху ящIри зэхуащIащ, зи тхыгъэхэр абы куэдрэ къытехуа Крылови полицэм плъакIуэ ищIати, пIалъэкIэ тхэныр къигъэнауэ щытащ. А зэманым къриубыдэу тхакIуэр князь Голицин С. Ф. и секретару лэжьащ. Нэхъ иужькIэ куэзыр джэгухэми яхыхьэри, зыкъомрэ абыкIэ зытригъэуащ. Абыи Крыловыр фIыуэ къыщацIыхуащ, зи пхъэр къикIырейхэм ящыщти.

XIX лIэщIыгъуэми пэщIэдзэм спектаклу ягъэув хъуащ Крылов и пьесэщIэхэр: «Подщипа», «Пирог», «Лентяй», «Урок дочкам», нэгъуэщIхэри.

1805 гъэм и фIэщу зритыжащ шыпсэ тхыным. ИкIи, абы цIэрыIуэ ирихъуа нэужь, а жанрым и закъуэщ зэлэжьар. ЦIыхубэм шыпсэхэр фIыуэ ялъэгъуат, щIагъыбзэкIэ я гум къипсэлъыкIыу къащыхъурти. Ахэр сыт щыгъуи теухуат щхьэихауэ узытепсэлъыхь мыхъу Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм. 1811 гъэм итха «Квартет» шыпсэм къыщыгъэлъэгъуат пащтыхь Александр I и политикэм теухуа мыарэзыныгъэ. 1813 гъэм итха «Демьянова уха» тхыгъэм щыIупщIт литератор Хвостов Д. И. и хьэл-щэнхэр. 1830 гъэм къыдэкIа «Булат» шыпсэм Кавказым лIыкIуэу къагъэкIуауэ щыта генерал Ермоловыр зэрытрагъэкIам пэджэжырт.

1809-1843 гъэхэм къриубыдэу къыдигъэкIащ шыпсэхэр зэрыт тхылъибгъу. Абыхэм ярихуащ шыпсэ 200-м щхьэдэх.

1812 гъэм и мазаем Крылов Иван пенсие хуагъэуври, иужькIэ ар хуэдэ зыбжанэкIи хухагъэхъуэжауэ щытащ. 1820 гъэм Владимир щихъым IV нагъыщэ зиIэ и орденыр, 1838-м - Станислав щихъым 11 нагъыщэ зиIэ и орденыр къыхуагъэфэщащ. 1816 - 1841 гъэхэм Крылов Пащтыхь библиотекэшхуэм и лэжьакIуэу щытащ.

Крылов Иван и шыпсэхэм къыщыхьа псалъэ куэд жыIэгъуэу япхъуэтащ цIыхухэм. Ар и щыхьэтщ абы Iурылъа бзэм и шэрыуагъым. Нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуа шыпсэхэр мультфильму ягъэуващ. 1913 гъэм режиссёр Старевич В. А.  («Стрекоза и муравей») мультфильмыр трихащ. 1940 гъэхэм «Слон и Моська», «Синица», «Квартет» зыфIищахэр трахащ. 1950 гъэхэм – «Ворона и лисица», «Лиса строитель» шыпсэхэм мультфильм тращIыкIащ.

1844 гъэм щэкIуэгъуэм и 21-м дунейм ехыжащ тхакIуэр. 1855 гъэм Санкт-Петербург и Гъэмахуэ хадэм фэеплъ щыхуагъэуващ Крыловым. Ар ищIащ скульптор Клодт П.К.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух

13.08.2026 - 10:07

Зы махуэм фIылъагъуныгъэ зыхуащIа

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм япэу утыку къыщрахьащ дэфтэрхэр зи лъабжьэ «Влюбиться за один день: Нальчик» фильмыр.

12.08.2026 - 15:25

Дуней псом и теплъэхэр

Налшык и «Искож» хьэблэм, Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, щагъэлъагъуэ «Моя планета. Природа. Люди. Путешествия» выставкэр. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм и «Моя планета» телеканалым.

12.08.2026 - 10:45

ДыкъэувыIэну ди мурадкъым

Физкультурникым и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм бэнэкIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэмкIэ и пелуан Емельяненкэ Александррэ Шэшэн Республикэм и УнафэщIым и лIыкIуэу Къэбэ