|
АДЫГЭПЩ БЭРЗЭХЪУРЭ ГИЗОЛЬФИ ЛIАКЪУЭМРЭ
7 февраля, 2024 - 09:25
Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуаку къыдэкIыу къэгъуэгурыкIуа...
Иджырей тхыдэджхэм «ар» зэрамыгъэфIа фIэщыгъэцIэрэ хуамыгъэфэща дзырэ щыIэжкъым. Европэм нэхъ ин дыдэу щыIа Сан-Джорджио ахъшэ хъумапIэм и унафэщIхэм зэрыжаIэу щытамкIэ, щIыхуэм ишхарэ езыр щхьэщытхъу хъужауэ апхуэдэт а нэрыбгэр.
Къаффэм (Кърым хытIыгу ныкъуэм ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ щиIэ и псыIум урым-генуэзхэм курыт лIэщIыгъуэхэм къыщагъэунэхуа къалэ-быдапIэт) дэсхэм зэрагугъэмкIэ, «ар» и щхэцыпэм къыщыщIэдзарэ и лъэпхъуамбэ жьакIэм нэс зэрыщыту къаугъэт. Византиер лъырэ пщIэнтIэпскIэ къэзызэуа тырку сулътIан Мухьэмэд ЕтIуанэм «ар» и бий пэрытхэм ящыщу ибжат, Кърым хъан Менгли-Гирей зэрыжиIэмкIэ, - хьэIуцыдзт… А псоми я щхьэ кIуэжу къалъытар – урыс пащтыхь Василий и къуэ Иоанн «ар» Москва хуэкIуэн щхьэкIэ имыщIэн щымыIэу зэрыщытарт.
Зи гугъу тщIыр къывгурымыIуамэ, Тэмтэрэкъей (Тмутаракань) къалэжьыр здэщыIа Темэн (Тамань) хытIыгуныкъуэм лIэщIыгъуэ курытхэм зыщызыубгъуа Матрегэ быдапIэм и иужьрей унафэщI де Гизольфи Захариещ. Ар - зи хьэл-щэнрэ зи насыпрэ нобэрей тхыдэджхэм я акъыл къахуимыгъэтIасэ цIыхущ.
А лъэхъэнэм Къаффэ къызэрыкIэрыху щымыIэу, Матрегэ къалэр политикэмрэ хьэрычэтымрэ я курых, гъащIэр къыщикъуэлъыкI щIыпIэу къалъытэрт. БыдапIэр зейр зыхьэ-адыгэхэрами (зиххэм), абыхэм яхэст урымхэри, алыджхэри, урысхэри, ермэлыхэри. Кърым хытIыгу ныкъуэмрэ Темэнымрэ я зэпылъыпIэм зэрыхуэзэм къыхэкIыу, Матрегэр уасэншэт, Iуэху нэхъыщхьэ дыдэу абдежым къыщекIуэкIхэр щызэрахьэри а тэхъуанэрт.
А псом къыхэкIыу Генуер хущIэкъурт а къалэр и унафэм щIигъэувэну, зэрыщыту и IэмыщIэм ирилъхьэну. Урымхэмрэ адыгэхэмрэ Iуэхушхуэхэр зэдащIэ щыхъум (XIII-XV лIэщIыгъуэхэм), Матрегэм и мыхьэнэри нэхъ лъагэж хъуащ. Апхуэдэу генуэзхэм Кавказым и бгыжьхэм дыжьын къыщыщIахыну Iуэхушхуэхэр зэтраублэрт. Ауэрэ Псыжь нэс Iэбэрт. Абдеж икIыу, бдзэжьей гъэгъуа щхьэкIэ Тэн Iуфэ екIуалIэрт.
Дызытепсэлъыхь лIэщIыгъуэм урымхэмрэ адыгэхэмрэ Матрегэ къалэр икIэм-икIэжым зи IэмыщIэ къинэн хуейм щхьэкIэ зэхуэдзэлашхи хъуат. ПсалъэкIэ щызэгурымыIуэм, адыгэ уэркъхэмрэ урымхэмрэ зауэм зыхуагъэхьэзыру щIадзат. АрщхьэкIэ, абдежым зы цIыхум и нэгу къыхущIэмыгъэхьэ, зыми игу къэмыкI Iуэхугъуэм псори зэхигъэкIащ…
Урымым пщIэ лъагэ щызиIэ, лъэпкъ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщу Гизольфи лIакъуэм къыхэкIа зы щIалэрэ адыгэпщ нэхъыщхьэ Бэрзэхъу и пхъумрэ лъагъуныгъэшхуэ зэхуащIащ. ПситI зэрыгъуэтам, Шекспир и трагедием къызэрыхэщыжым хуэмыдэу, зыри зэран яхуэхъуакъым, - ныбжьыщIэхэр зэрышащ.
Абдежым урымхэмрэ адыгэхэмрэ я зэхуаку дэлъ «дэп гъэплъар» мамырыгъэкIэ ягъэужьыхащ – гуфIэгъуэм къыхихри, Бэрзэхъу Матрегэ къалэр и малъхъэм тыгъэу иритащ. Адыгэм и тхыдэм апхуэдэ зэи хэтакъым, пхъум и щыгъынхьыжым къалэ псо дыщIагъуу!
Бэрзэхъу цIыху лъэрызехьэт. Ар илъэс куэдкIэ урымхэм япэщIэтащ, ягурыIуа иужькIи зыхьэ-адыгэхэр тыркухэм иращIылIэн хуея чыристэн зауэм (крестовый поход) хуигъэзыру къекIуэкIащ. Зи гугъу тщIы зэманым чыристэн диным иту щыта зыхьэ-адыгэхэр Трапезунд пащтыхьым дамэгъу зэрыхуэхъум и щыхьэт тхыгъэ Бургундием и герцог Филипп I453 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м Iэрагъэхьауэ щытащ. А дэфтэрым къызэрыхэщыжымкIэ, тыркухэм ирамыщIылIа чыристэн зауэм хэтын хуея адыгэхэм я дзэзешэу щытынур Бэрзэхъут.
ЛIэщIыгъуэжьхэм къыпхыкIыу, нобэм къыхэпшэхъуа тхыгъэжьхэм япкъ иту дыпсалъэмэ, зи гугъу тщIа лIэщIыгъуэхэми адыгэм дунейпсо утыкум щиубыду щыта увыпIэр хуабжьу инт, пщIэи дзыхьи кърагъэзу, къыхуащIу… (ГъэкIэщIауэ)
ДЗЫГЪУЭНЭ Тимур.
|
|
25.04.2025 - 21:05 Адыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ. |
|
|
25.04.2025 - 20:48 КъБКъУ-м и киноконцерт пэшым гукъинэжу щагъэлъэпIащ Адыгэ ныпым и махуэр. Ар къызэригъэпэщащ педколледжым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Пэщол Сэкимэ. |
|
|
25.04.2025 - 20:44 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и къалэхэм, щIыпIэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта «щIыналъэ сыхьэт» зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ. |
|
|
25.04.2025 - 17:04 КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг хадэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур. |
|
|
25.04.2025 - 09:05 Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыб |
|