IЭЩIАГЪЭЛIХЭМКIЭ ЗЭПЭЩЫНУЩ

«Къуажэ дохутыр» программэмкIэ мы илъэсым республикэм медицинэ лэжьакIуэу 26-рэ IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщынущ. Ахэр ягъэкIуэнущ район сымаджэщхэм я къудамэхэу къуажэхэм дэт амбулаторэхэм.
Программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэзащIэ 2019 гъэ лъандэрэ. Абы ипкъ иткIи, а зэманым къриубыдэу республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэ щагъуэтащ IэщIагъэлIи 165-м. А Iуэхур икъукIэ щхьэпэщ щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр зыхуримыкъу IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ. Апхуэдэу нэгъабэ «Къуажэ дохутыр» къэрал программэмкIэ медицинэ лэжьакIуэу 25-м IэнатIэ ягъуэтащ. Абы и фIыгъэкIэ Дзэлыкъуэ, Шэрэдж, Май, Шэджэм, Бахъсэн, Аруан, Тэрч, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ районхэм хыхьэ къуажэхэм дэт медицинэ IуэхущIапIэхэми зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр яIэ хъуащ. Нэхъыбэу ахэр участковэ терапевтхэмрэ сабий дохутырхэмрэщ, яхэтщ зи нэхэмкIэ, тэмакъымрэ тхьэкIумэмкIэ, жьэжьейхэмкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэм, лышх, узыфэ зэрыцIалэхэр зыпкърытхэм еIэзэхэри.
Программэм къызэригъэувымкIэ, къуажэхэм щылэжьэну ягъакIуэ дохутырхэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэнущ. А Iуэхум хухахащ сом мелуан 29-рэ. Жылагъуэ нэхъ пхыдзахэм ягъакIуэ дохутырхэм сом мелуан 1,5-рэ, фельдшерхэм сом мин 750-рэ иратынущ. ЦIыху мин 50-м нэблагъэ зыдэс къуажэхэм щылэжьэну дохутырхэм сом мелуан яIэрыхьэнущ. IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэм хэт дохутырхэр здэкIуа щIыпIэхэм илъэситхукIэ щыIэнущ.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр «Къуажэ дохутыр» программэр гъэзэщIэным жыджэру иужь итщ. Апхуэдэу 2023 гъэм къэралым и щIыналъэхэм а программэр зэрагъэзащIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр а Iуэхум псом нэхърэ нэхъ ехъулIэу къагъэлъэгъуащ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.