СУЗДАЛЬ КIУЭНУ ЗАГЪЭХЬЭЗЫР

Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2009 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэ 300-м щIигъу. Зэпеуэм хэтащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми я лIыкIухэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медаль 15 къыщихьащ - дыщэу 4, дыжьыну 5, домбеякъыу 6.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ ТIэхъу Идар (кг 32-рэ), Дзу Аслъэн (кг 48-рэ), Лафыщ Рустам (кг 62-рэ), Хъуран Астемыр (кг 75-рэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мазаем Суздаль къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм хэтыну.   

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.01.2026 - 09:03

Сабийхэр ягъэгуфIэ

Звёзднэ поселкэм щыIэ Урысей гвардием и дзэ частым къулы­къур щезыхьэкIхэр щыIащ республикэм и Сабий унэм.

16.01.2026 - 09:26

Пэжыр цIыхубэм лъагъэIэс

КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и япэ зэIущIэр вэсэмахуэ екIуэкIащ. Абы и уна­фэщI Жыласэ Заурбэч жи­Iащ илъэсым Iуэ­ху гуапэкIэ зэрыпежьар.

16.01.2026 - 09:23

АХЪМЭТ Амир: ЦIыхум уи сэбэп екIынырщ нэхъыщхьэр

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондомкIэ (ВТФ) и гъэсэнхэм дунейпсо, урысейпсо утыкухэм нэгъабэ къыщагъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм хуэдиз нэгъуэщI лIэужьыгъуэк

15.01.2026 - 08:57

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

Бахъсэн районым хыхьэ Жанхъуэтекъуэ къуажэм и курыт еджапIэм къыщызэIуахащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къагъэсэбэпу щыта пасэрей хьэпшыпхэм я музей. 

15.01.2026 - 08:56

КIуэ пэтми нэхъыбэ дехьэх

2025 гъэм и иужьрей махуэхэм «Шайбу, шайбу!» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм и «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм хоккеймкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.