МЕДАЛХЭМ АХЪШИ ЩIЫГЪУУ

Мэзкуу къалэм и «Лужники» куейм самбэмкIэ щыIэ дунейпсо центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ «ЛокоДзюдо-2023» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэр. Абы хэтащ республикэм и «Локомотив» командэр икIи медалитху абы къыщихьащ.

Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм я деж япэ увыпIэр ­щаубыдащ Джэданэ Алинэрэ (кг 40) Унэж Амирланрэ (кг 34-рэ). Ещанэ хъуахэщ Абазэ Сэлим (кг 38-рэ), Шыгъэлыгъуэ Аскэр (кг 42-рэ), Караев Алим (кг 46-рэ) сымэ. 
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуахэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэм хэтахэм ящыщу дзюдоист ­нэхъыфIу къалъытащ Джэданэ Алинэрэ Унэж Амирланрэ. ЩIыхь тхылъхэмрэ дыщэ медалхэмрэ къадэкIуэу чемпионхэр ахъшэ ­саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ икIи щхьэж къылъысу сом мини 100 къызэрыратам щыхьэт техъуэ сертификатхэри къыIэщIалъхьащ. 
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Джэданэ Залымрэ Лукьянов Геннадийрэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.