НАЛШЫК ЩЫЗЭIУОЩIЭ

КИФЩI-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщIхэр

Иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм  хыхьэ щIыналъэхэм лэжьыгъэмкIэ я къэрал инспекцэхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ. Ахэр тепсэлъыхьащ КИФЩI-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я IуэхущIапIэхэм лэжьапщIэмкIэ ятелъ щIыхуэхэмрэ, ахэр зытегъэкIыжа зэрыхъуну щIыкIэхэмрэ.

Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и «Роструд»-м Финанс кIэлъыплъыныгъэмрэ щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьыгъэхэр унэтIынымкIэ и управленэм и унафэщI Кобельков Максим, КИФЩI-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэхэм я къалэнхэр зэгъэкIунымкIэ жэуап зыхь – КъБР-м лэжьыгъэмкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщI Тогузаев ТIэхьир, КИФЩI-м я апхуэдэ къудамэхэм я унафэщIхэр.

Кавказ Ищхърэм и щIыналъэхэм, КъБР-м я IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм лэжьапщIэмкIэ ятелъ щIыхуэхэр зытрагъэкIыжыным кIэлъыплъыныр къэрал инспекцэхэм я къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыщыхагъэщащ зэIущIэм икIи ар гъэзэщIа хъуным ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэнэIуащ.

КъимыдэкIэ къалъытащ, IуэхущIапIэхэм лэжьапщIэхэр зэрат щIыкIэр я нэIэ щIагъэтын, къэралым и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм ящIыгъуу апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр здэщыIэхэр къыщIэгъэщауэ зэгъусэу ахэр гъэзэкIуэжынымкIэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр.

ЩIыналъэхэм ит IуэхущIапIэхэм ятелъ щIыхуэхэм нэмыщI, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ЛэжьыгъэмкIэ къэрал инспекцэхэм жылагъуэ-политикэ Iуэхуу ирагъэкIуэкIхэм. ИкIи абы ехьэлIауэ я IэнатIэм хэлъ щIэхэмкIэ, Iуэху еплъыкIэ щIэщыгъуэхэмкIэ зэхъуэжахэщ. Хэхауэ къытеувыIащ IэнатIэ пэрыт цIыхухэм яхуэгъэзауэ щыIэ хабзэхэр къызэпымыудын, ахэр нэсу гъэзэщIа хъун я лъэныкъэкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм.

ХЬЭЩIЭФI Даут.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.