Налшык къалэм дэт, Iуэху куэд щызэфIагъэкI ЩIалэгъуалэ центрым иджыблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «КъБР-м къихъуэ щIэблэр гъэсэным хуэунэтIауэ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» иIэ мыхьэнэр» зыфIаща Iэнэ хъурейм щытепсэлъыхьащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэгъэгум щиубыд увыпIэм, щIэблэм я зэхэщIыкIыр къэIэтыным теухуауэ хузэфIэкIынухэмрэ къыпэщылъхэмрэ, лъэпкъ щэнхабзэхэм я Iэмалыр зи лъабжьэ, унэтIыныгъэ куэду зэхэт лэжьыгъэ къызэриIэтыпхъэм.
Iэнэ хъурейр къызэгъэпэщынымкIэ икIи егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэмыр къыхалъхьащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм, Iуэху куэд щызэфIагъэкI ЩIалэгъуалэ центрым.
Парламент къудамэм и унафэщI Емуз Нинэ зэIущIэр къыщызэIуихым, абы къекIуэлIа къулыкъущIэхэр къызэхуэсахэм къаригъэцIыхуащ. Апхуэдэу Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министр Лу Азэмэт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ я IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм и ублапIэм Емуз Нинэ къыхигъэщащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» щIыналъэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ куэд зэрымыщIар, ауэ и IуэхузехьапIэхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщызэIуихыу, зыхуигъэувыжа мурадхэмрэ зыщищIыжа къалэнхэмкIэ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къыдихьэхыу лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIигъэкIыр. «Япэ лъэбакъуэхэр зыч зэщIэхъееныгъэм и гуращэхэр щIэблэм я къэкIуэнум хуэгъэпсауэ икIи абыхэм гъуэгу къезыт Iуэхугъуэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ лэжьыгъэр гъэнщIауэ зэрыщытым адэ-анэхэри зыIэпешэ. ЩыIэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ дахэу зэтеубла хъуа Iуэхум зэрызиубгъуным дегупсысыну, хэкIыпIэхэр зэдгъэуIуну къытпэщылъщ. Ди Iэнэ хъурейр зыхуэгъэпсари аращ», – жиIащ Емуз Нинэ.
КъулыкъущIэм и псалъэм къыхэщащ щIалэгъуалэм гулъытэ яхуэзыщI сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыщыгуфIыкIыр, ар хэгъэгумрэ къэралымрэ зиужьыным хуэунэтIауэ зэрыщытымкIэ фIэщхъуныгъэ зэриIэр. «Гуапэ дыдэ къысщыхъур, сыбзыщIынкъыми, мыпхуэдиз ныбжьыщIэ зэзыпх зэщIэхъееныгъэм и дуней къытехьэр езыхэм я гукъэкIыу зэрыщытырщ. ИкIи, зэрытлъагъущи, зы щIыпIэм къыщежьа гупсысэр къуэпсыбэу къыщIэкIри, хэгъэгухэм зидзащ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыналъэхэм псоми зэдай Iуэхур щызэрагъэкIуэну IуэхущIапIэхэр къыщызэIуах. Псышхуэр псыпэ цIыкIуурэ зэхолъэдэжри йожэх, апхуэдэщ мы IэнатIэри: гуп цIыкIухэм зызэщIагъэуIуэ, иужькIэ нэхъ гупышхуэм, нэхъ хасэшхуэм и зы пкъыгъуэ мэхъу. Мы зэгухьэныгъэм къалэнышхуэхэр зыхуегъэувыж, щIалэгъуалэ пэхуэщIэхэр щызэхалъхьэ унэтIыныгъэ куэд егъэлажьэ. Ар ди нэгу щIагъэкIащ иужьрей илъэситIым екIуэкIа лэжьыгъэхэм. Апхуэдэу щытми, тщIэн хуейуэ къытпэщылъыр мащIэкъым. ЩIалэгъуалэм я гупсысэм тепщэ хуэхъуну хуейуэ мы лъэхъэнэм бэнэныгъэ гуащIэ йокIуэкI жыпIэмэ, щыуагъэ хъуну къысщыхъуркъым. Абы къыхэкIыу гъэсэныгъэ лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ егъуэт. Дэ тегъэщIапIэ тхуэхъун лъабжьэшхуэ диIэщ – мы щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм дунейм узэрытетын фIыгъуэ куэд лъэхъэнэхэм къыпхрахауэ ябгъэдэлъщи, ар ди мурадхэм, ди пэхуэщIэхэм, ди гупсысэхэм хуэдгъэлэжьэфын хуейщ. КъэкIуэнур зейр щIалэгъуалэращ, заужьынуми заузэщIынуми зыкъомкIэ дэ дэлъытащ, утыку къитхьэ жэрдэмхэм епхащ», – жиIащ Емуз Нинэ.
АдэкIэ псалъэр зрата Жанатаев Сэлим ЩIалэгъуалэ центрым зэрыщыгуфIыкIыр и псалъэм къыхигъэщащ. «Мыпхуэдэ IуэхущIапIэ ди хэгъэгу цIыкIум зэритыр ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ. ХэщIапIэр IэщIагъэлI нэсхэр зэрыщылажьэм гугъэ къыует дыщIызэхуэса Iуэхугъуэхэр зэфIэха зэрыхъунумкIэ. Жэрдэмыр гъащIэм хэпща хъун папщIэ гурэ псэкIэ етауэ узэрелэжьын хуейм къищынэмыщIауэ, лъагъуныгъи уиIэн хуейщ – укъызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ умылъагъумэ, нэгъуэщI жылэхэми пщIэ яхуэпщIыфынукъым – абдеж укъыщежьэныр игъуэщ», – жиIащ Жанатаевым.
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» щIыналъэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэм ехьэлIауэ къэпсэлъа Шыпш Аслъэн къыхигъэщащ зэгухьэныгъэм жылагъуэ жэрдэмщIакIуэу къэралым щыпсэу сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зэригъэуIуныр и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр.
«Зэхьэзэхуэхэм зи гупсысэкIэр куу щIалэгъуалэ куэд къохьэ. Сыт хуэдиз гуращэм ахэр зэримышалIэми, абыхэм къыхалъхьэ пэхуэщIэхэр зэзыгъэуIу зэгухьэныгъэ зэрыщымыIэм зы Iуэху зыщIэхэр зэпэжыжьэ ищIырт, уеблэмэ зэрымыцIыхуххэу къэгъуэгурыкIуэрт. ЩIэныгъэм дихьэх, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ я щэхур къэзыхутэ, жылагъуэ зэхэтыкIэм и зыужьыныгъэм зыIэпишэ щIалэгъуалэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр къэрал къулыкъущIэхэм гъэщIэгъуэн къащохъу, щыIэ щытыкIэм зэрыхаухуэнэным, зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэным и Iэмалхэр къалъыхъуэу хуожьэ. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм щIалэгъуалэм я гупсысэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр, жэрдэмхэр, къэхутэныгъэхэр гъащIэм хэпщэнымкIэ зэфIэкI зиIэхэм я деж нихьэсыну IэмалыфIхэр иIэнущ. Дэ ди къудамэхэр къыщызэIутхащ КъБР-м и щIыналъэхэм, «ДыгъафIэ къалэм», курыт еджапIэхэм, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм. Ди лэжьыгъэм къыхэтлъхьэ гукъэкIхэм я нэхъыбэр щыдгъэзащIэр еджапIэхэрами, дыхуейт адэ-анэхэм нэхъ гъунэгъу захуэтщIыну, нэхъыбэIуэрэ дахыхьэну. IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жаIэ. Ди гуращэхэмкIэ адэ-анэм дадэгуэшамэ, дызыхуейр нэхъ къагурыIуэну къыщIэкIынт», – жиIащ Шыпш Аслъэн.
Абы и псалъэм къыхигъэщащ Iуэхугъуэр яфIэкъабылу къахыхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэр, абы зэрыщыгуфIыкIыр. «Къыхэзгъэщынут тIэкIу дэкIмэ, ди зэIущIэм дыкъыхуеплъэкIыжу, абы и мыхьэнэм дрипсалъэу зэрыхъунур. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щызэхаша IуэхузегъакIуэ къудамэхэм узэрыгушхуэ хъуну лэжьыгъэ пыухыкIахэр дяпэкIэ зэрызэфIахынур. Мызэ-мытIэу зэрыжысIащи, сыт щыгъуи гугъущ ипэ уитыну, уи гупсысэрэ Iуэху еплъыкIэрэ псом япэ утыкум къипхьэну. Ауэ цIыхубэм ягу къинэри, занщIэу къамыщтэми, иужькIэ гунэс ящыхъури япэ кърахьа гупсысэрщ, уеблэмэ зэувэлIэжри аращ. Дэ мы лъэхъэнэм иужь дитщ къэралым къыщыхалъхьэ сабий икIи ныбжьыщIэ пэхуэщIэхэм ди щIалэгъуалэр хэтшэным, абыкIэ псоми Iэмал зэхуэдэ яIэным. Дыхуейщ щIэблэм гукъэкI зыхуищI, и гуащIэр ирихьэлIэурэ зэхигъэувэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэнхэр езыхэм утыку кърахьэфу, ахэр зэрыIэмалыншэр ди фIэщ ящIрэ пхагъэкIыфу зэфIэкI яIэну. Аращ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэри, абы и щIыналъэ къудамэхэри зыхущIэкъунур. Узэкъуэтмэ, улъэщщ, жаIащ ди нэхъыжьхэм. ИтIанэщ дызыхуейхэр къыщыдэхъулIэнур», – жиIащ Шыпшым.
Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» сабийхэм я зэгухьэныгъэхэр къызэгъэпэщыныр къалэн зыщищIыжын, зэщIэхъееныгъэр курыт еджапIэхэм нэхъ жыджэру дэлэжьэн, гъэсэныгъэм теухуа программэ зэхигъэувэн зэрыхуейр къыхагъэщащ.
ШУРДЫМ Динэ.