ЖЬЫХУЛЪАТЭР КЪАГЪЭСЭБЭПУ

«Узыншагъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ лажьэ «ЦIыхум ират япэ медико-санитар дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыныр» щIыналъэ пэхуэщIэм хыхьэ Iуэхугъуэу санавиацэмкIэ Iуэхутхьэбзэу ялэжьыну 2023 гъэм къапэщыта къалэнхэр яубзыхуахэм щIигъуу ягъэзэщIащ.
ЩытыкIэ къызэрымыкIуэм ихуа цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ етыным хуэщIа авиацэр къагъэсэбэпу щIыналъэм и сымаджэщхэм цIыху 67-рэ ягъэIэпхъуащ. Абыхэм яхэтщ автомобиль зэжьэхэуэхэм фэбжь хэзыхахэр, сымаджэ хьэлъэхэр, альпинистхэр, Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыгъэпсэхуу къэхъукъащIэ мыщхьэпэхэм хэхуахэр, нэгъуэщIхэр.
Нэхъыбэу ахэр здрашэлIар жьыхулъатэ къэтIысыпIэ зиIэ, Налшык къалэм дэт Республикэ клиникэ сымаджэщырщ. Жьыхулъатэр иджырей мардэм къитIасэ медицинэ оборудованэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, гъуэгу тету цIыхум еIэзэфын, реанимацэ Iэмалхэр ирахьэлIэфын, и Iэпкълъэпкъыр зэрыщыту абыдеж къыщапщытэфын хуэдэу.
 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.07.2026 - 09:03

Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ

Илъэс 20-м нэсауэ ди къэ­ралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъу­ныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр.

11.07.2026 - 09:03

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

10.07.2026 - 17:03

Яухынущ дызэрыт илъэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.