Туристхэр кърашалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэ­хэр нэхъ гъунэгъуу зрагъэцIыхуну Минводы къалэм къикIри, экскурсоводу 19 Налшык  иджыблагъэ щыIащ. 

Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэрыхигъэщамкIэ, хьэщIэхэр авто­бускIэ къра­шэкIыурэ республикэм и щIы­пIэ нэхъ дахэхэр ирагъэлъэгъуащ. Къапщтэмэ, абы­хэм ди къалащхьэм и Къэ­бэрдей уэрамым и лъэс зекIуапIэм ­къыщакIухьащ, Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым, Политикэ залымыгъэ зыкIэ­лъы­зэрахьахэм я фэеплъым щыIащ, Що­джэнцIыкIу Алий и музеймрэ Кулиев ­Къайсын и музеймрэ зрагъэлъэгъуащ. 
Гъунэгъу щIыналъэм щыщ, дунеяп­лъэ­хэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр къезы­шэкI­хэр нэ­хъы­­бэу   щIыналъэм къы­щIэкIуар ди щIы­пIэ дахэхэр зрагъэцIыхуу туристхэм я экск­ур­с­­хэм Налшык къалэри хэгъэ­хьэну аращ. 
ХьэщIэхэм зэрыжаIамкIэ, псом хуэмы­дэу абыхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Що­джэнцIыкIумрэ Кулиевымрэ ятеухуа хъы­бархэр. Къыхагъэщащ щIэ куэд къы­зэрыхахар икIи я лэжьыгъэм хагъэхьэу а музейхэм туристхэр къашэн щIадзэну зэрамурадыр. 

НАУРЫЗЫКЪУЭ  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.04.2026 - 15:59

Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс

14.04.2026 - 09:12

«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федер

14.04.2026 - 09:11

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр даIыгъыу

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Налшык дэт къалэ поликлиникэ №1-м щахуэзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIы­хъужьхэр» программэм хэтхэм.

14.04.2026 - 09:09

Дзэлыкъуэ щIыналъэм парламентархэм зыщаплъыхь

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуа­уэ щыIэщ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Парламентым и лIыкIуэхэр.

13.04.2026 - 09:01

Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...

2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и ­журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр.