Экономикэм и гъуджэ IэнатIэ.

Экономикэм и щыты­кIэмрэ цIыхубэм я псэукIэр зыхуэдэмрэ нэхъ IупщIу къыбгурызыгъаIуэхэм ящыщщ сатум и IэнатIэр. Абы и зыужьыкIэмрэ и щытыкIэмрэ куэдкIэ елъытащ производствэм и IэнатIэхэр зэрефIакIуэм, цIыху­хэм я гъащIэм зэрызиужьым. Сатум и лэ­жьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу ди щIыналъэм и ­потребительскэ рынокым и щытыкIэм топсэлъыхь сатум, жылагъуэ шхапIэхэм, хьэрычэтыщIэ IэнатIэм я лэжьакIуэхэм я «Сату зэ­къуэтыныгъэ» профсоюзым и рескомым и унафэщI Бекъалды Маритэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ зыужьыныгъэр щIэзыгъэхуабжьэхэм ящыщщ потребительскэ рынокыр. Абы IупщIу къыхощ производствэр, хэхъуэхэр, цIыхухэр зыщIэупщIэ хьэп­шыпхэмрэ ерыскъыпхъэ­хэмрэ зэрызэгъэуIуар, ахэр зэрызэхуэхъур. Иджыпсту КъБР-м щолажьэ сатум и стационар предприятэу 5000, бэзэр зэмылIэужьы­гъуэу 12, жылагъуэ шхапIэхэр, опт сату езыгъэкIуэкI фирмэхэмрэ комплексхэм­рэ, иджырей хьэп­шып, ерыскъы хъумапIэхэр, нэгъуэщIхэри.
Потребительскэ рынокым и Iыхьэ нэхъыщхьэщ розницэ сатур. Абы республикэм исхэм ящыщ куэд пыщIащ. Дызэрыт илъэсым а IэнатIэр нэрылъагъуу къызэщIэрыуэжу хуежьащ. Япэ мазитхум къриубыдэу розницэ сатум сом мелард 48,5-рэ, блэкIа гъэм и ­апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ проценти 6-кIэ нэхъыбэ, и уасэ ерыскъыпхъэрэ хьэпшыпрэ зэблигъэкIащ. IэнатIэр гъэ къэскIэ нэхъ быдэу индустри­альнэ лъабжьэм тоувэ. Нэхъ япэкIэ ящIауэ щыта IуэхущIапIэхэр къагъэ­щIэрэщIэж, иджырей технологиехэр зи лъабжьэ инновацэ Iэмалхэр къагъэсэбэпу щIадзэ, сату ­организацэхэм я Iуэхутхьэбзэхэр кIуэтэху цIыху нэхъыбэм хуащIэ. Жылагъуэ шхапIэхэми апхуэдэ дыдэу заужь.
Мы IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым зэрехьэ «Сату зэкъуэтыныгъэ» цIэ лъапIэр. Ар дамыгъэ къудейкъым, атIэ ди лэжьэкIэми и хабзэщ. Профсоюзым и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэщ IэнатIэм и лэжьакIуэ псоми я сэбэп зыхэлъхэм къыщхьэ­­-щы­жы­нымрэ абыхэм я социальнэ ­хуитыныгъэхэр хъумэным­рэ. Абы къыхэкIыу щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэр, потребительскэ рынокым ­хиубыдэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэхэр зи мылъкуу щытхэр профсоюзым къы­зэрыдэлажьэр ефIакIуэ зэпытщ. ­ИкъукIэ тэмэму зэ­теуващ профсоюзымрэ ­КъБР-м Промышленнос­тым­рэ сатумкIэ и министерствэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр. Дэ сытым дежи ­гулъытэшхуэ къытхуещI ­КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэми. Ап­хуэдэ зэдэлэжьэкIэр сэ­бэп мэхъу IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я социальнэ лэжьыгъэ хуитыныгъэхэр хъу­мэным­кIэ, пщIэкIэ къащтэ лэжьа­кIуэхэмрэ лэжьапIэ зытхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэр зэхуэгъэхъунымкIэ.
Сатум и лэжьакIуэм и махуэм и пэ ­къихуэу Налшык щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэхы­хьэм щагъэлъэпIащ IэнатIэм и цIыху нэхъыфIхэр. Абыхэм иратащ профсоюзым и рескомым, КъБР-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм я дамыгъэ лъапIэхэр. Экономикэ щыты­кIэр иджыпсту мы­тынш­ми, зэхыхьэм зэрыщыжаIамIэ, сатум и IуэхущIапIэ щхьэ­хуэхэм ехъу­лIэныгъэ нэры­лъагъухэр яIэщ. Ап­хуэдэ­хэм ящыщщ «Продукт-Сервис» зэгухьэныгъэр, «Кооп-Снаб» IуэхущIапIэр, «21-нэ лIэщIыгъуэ» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгу­хьэ­ныгъэр, «Ламбрэ» фирмэр, «Ридадэ», «IэфIы­кIэ» IуэхущIапIэхэр, нэгъуэщIхэри. Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм тэмэ­му къызэрыдэ­лажьэм папщIэ УФ-м и «Сату зэкъуэтыныгъэ» профсоюзым и щIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ ­КъБР-м промышленностымрэ сатумкIэ и министр Ахубеков Ш. А., КъБР-м и Профсоюзхэм я Федерацэм и зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ­    Ф. Къ. сымэ. Езыхэр зыхэт гупхэм социально-лэжьыгъэ зэхущытыкIэ тэ­мэм зэрыщы­зэтрагъэувам икIи за­хуагъэ зэрахэлъым папщIэ псалъэ гуа­пэхэр зэIущIэм щыхужаIащ пэ­щIэдзэ профсоюз органи­зацэхэм я унафэщI­хэм, лэжьапIэ зыт цIыху щхьэ­хуэхэм.
Нобэ езыхэм я гуфIэгъуэ махуэр IэнатIэм пэрыту ­ягъакIуэ сатумрэ жылагъуэ шхапIэхэмрэ я лэжьакIуэхэм. А цIыху емызэшхэм, IэнатIэм и ветеранхэм, профсоюз организацэхэм, абыхэм я унафэщIхэм «Сату зэкъуэтыныгъэ» профсоюзым и обкомыр и гуапэу йохъуэхъу икIи фIыщIэ ин яхуещI республикэм и экономикэм зегъэужьыным тэмэму зэ­ры­хэтым, жэрдэмрэ жыджэ­рагърэ къызэрагъэлъа­гъуэм папщIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.