КIуэкIуэ Казбек муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэм яхуигъэуващ республикэм и жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным егугъуну.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къэпщы­тэным хиубыдэу Правительствэм и унафэщIхэмрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыхэплъащ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрызыхуагъэхьэзырым, апхуэдэу республикэм и жылагъуэхэр тэмэму псыкIэ къызэгъэпэщыным и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкIхэм.
КъаIэта Iуэхухэм теухуауэ докладхэр ящIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ В. Хь., районхэмрэ къалэ округхэмрэ я ­администрацэхэм я Iэтащхьэхэм.
Абыхэм зэрыжаIамкIэ, муниципальнэ щIыналъэ зыбжанэм цIыхухэр псыкIэ къызэрызэрагъэпэщыр щрагъэфIэ­кIуащ. Дызэрыт илъэсым псыр зрикIуэ бжьамийуэ километр 26-м щIигъу зыхуей хуагъэзащ, псы къыщIэшыпIэу 4-р мылэжьэжу щытати, къагъэсэбэпу щIа­дзэжащ.
ПсыкIэ иджыпсту нэхъ гугъу ехьхэм ящыщщ ХьэтIохъущыкъуей, Къулъкъу­жын Ипщэ къуажэхэм, Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэхэм, Шэджэм ЕтIуанэ, Каменкэ, Яныкъуей къуажэхэм дэсхэр.
Иджыпсту муниципалитетхэм яхузэ­фIэкI псори ялэжь зыхуэфащэ проект-сметэ документхэр ягъэхьэзыру «Псы ­къабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэн папщIэ. Апхуэдэ документу иджыпсту зэхалъхьахэр ятещIыхьащ сом мелуани 150-м щIигъу зытекIуэдэну проектхэм. Мы Iуэхум мыхьэнэ хэха зэриIэм икIи ахъшэшхуэ зэрихьым къыхэкIыу республикэм и унафэщIым КъБР-м и Правительствэм пщэрылъ щищIащ а лэжьыгъэр дэгъэ­кIынымкIэ муниципалитетхэм ядэIэпы­къуну.
Социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэхэмрэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрагъэплъынум хуэгъэхьэзырыным и гугъу щищIым, рес­публикэм и унафэщIым къигъэуващ абы и лъэныкъуэкIэ лэжьыпхъэу щыIэхэр ягъэува пIалъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну. «Мы лэжьыгъэхэр зэфIэгъэкIа хъун хуейщ къэнэжа мазитI пIалъэм къриубыдэу. Аращи,  гугъуехь псори къы­зэнэкIын икIи зэблэу къыхэмыкIыу Iуэхум бгъэ­дэтын хуейщ», - жиIащ КIуэкIуэ ­Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.