ЖЫЛАГЪУЭ IУЭХУХЭМ ХУЭЖЫДЖЭРХЭР

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щагъэлъэпIащ илъэсым ­къриубыдэу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьа­кIуэхэу ехъулIэныгъэ зиIахэр. 

- Хабзэ зэрыхъуауэ, ди IуэхущIапIэм зэныбжьэгъухэр щызэхуос, ди гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм я дунейм зыщыдогъэгъуазэ. Мы гъэм къриубыдэу фондым апхуэдэ зэхыхьэ ­68-рэ иригъэкIуэкIащ. Ахэр щхьэпэ хъуащ зэ­гъу­нэгъуу псэу лъэпкъхэр нэхъыфIу зэры­цIыхунымкIэ, - жиIащ ЩэнхабзэмкIэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ. - Псом хуэмыдэу къыдэхъулIащ «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» лъэпкъ щэнхабзэ фестивалыр. Республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм къадэкIуэу абы студентхэри къыхэтшащ. КъищынэмыщIауэ, ЩэнхабзэмкIэ фондыр щытекIуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа «Мылъку къегъэщIыным пымылъ IуэхущIапIэ нэхъыфI» зэпеуэм. Илъэс 35-м щIигъуауэ зым и лъэпкъ щэнхабзэм адрейр хыдогъэгъуазэ. Ди къалэн нэхъыщхьэр а псом щIэблэр щIэтпIыкIынырщ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ дахэхэр, пщIэр, нэмысыр едгъэщIэнырщ.
ЩэнхабзэмкIэ фондым и щIыхь тхылъыр иратащ мыбы иригъэкIуэкIхэм жыджэру хэтхэр. Апхуэдэхэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэр, «Алан» IуэхущIапIэр, «Нартан» хорыр, Налшык къалэм Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №2-р, «Ди зэкъуэтыныгъэрщ ди къарур» фестивалыр езыгъэкIуэкIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дым Елдар, щэнхабзэ Iуэхухэм зегъэубгъунымкIэ «Мирт» центрым и унафэщI Уэрдокъуэ Юлэ, нэгъуэщIхэри.
Лъэпкъ щэнхабзэ центрхэр къызэзыгъэпэ­щахэм, жыджэру хэлэжьыхьахэм, илъэс куэдкIэ абыхэм я унафэщIу щытахэм псалъэ ­гуапэхэр хужаIащ. Щапхъэщ «Вече» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI къулыкъур илъэс куэдкIэ езыхьэкIа Канунников Анатолэ. Иджыпсту абы и пIэм иуващ Литвинов Роман. ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ящыщу ягъэлъэпIащ РИА КъБР IуэхущIапIэм и корреспондент Верниковская Юлэ, лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфI­хэр зэрыхуищIам, Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­псэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абыхэм нэхъыбэ щыгъэ­гъуэзэным жыджэру зэрыхэтым папщIэ. 
«Кодумаа» эстон щэнхабзэ центрым и унафэщI Романи Марет Мэкъуауэ Люазэ иритыжащ эстон консул Миллер Расмус и Iэ зыщIэлъ щIыхь тхылъыр, эстон хабзэхэр хъума хъуным хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIым папщIэ. Консулым къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Гъэсашэ Наталье, «Озорницы» къэфакIуэ гупым и художественнэ унафэщI Мэз Светланэ, «Шагъдий» ансамблым и унафэщI Унэжокъуэ Заремэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.

31.12.2025 - 09:03

ЖыгыщIэр зэрыбгъэшым елъытауэщ зэрыкIынур

Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ XXXIV ду­нейп­со Хъуромэ (Рождест­венс­кэ) егъэджэныгъэхэм хы­­хьэ X щIыналъэ Парламент зэхуэсыр.

31.12.2025 - 09:03

ЕхъулIэныгъэхэр къахудэкIуэну!

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ пщIэ­шхуэ зиIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хуэлажьэхэм.