IэнатIэр йофIакIуэ.

КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. ЩытыкIэм зыщигъэгъуэзэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
- ПIалъэ къызыхэкI мыхъуну дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм яхуэщIэнымкIэ центрыр узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и IуэхущIапIэ пэрытхэм ящыщщ. 2008 гъэ лъандэрэ абы и хэщIапIэр зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыныр къыдэхъулIакъым, абы хухэха зы программи зэрыщымыIэм къыхэкIыу. Ауэ республикэм и унафэщIым и фIыгъэкIэ Iуэхум къыхыхьащ хьэрычэтыщIэхэр. «Сады Баксана» IуэхущIапIэм и мылъкукIэ центрыр къагъэщIэрэщIэжащ. Зэман кIэщIым къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ, абы текIуэдащ сом мелуан 25-м щIигъу. НэхъапэкIи а IуэхущIапIэм пIалъэ къызыхэкI мыхъуну дэIэпыкъуныгъэмкIэ IэнатIэм транспортхэр къахуищэхуащ, поликлиникэхэм псоми машинэщIэхэр яIэригъэхьащ. Апхуэдэуи сымаджэщхэм папщIэ иджырей уэншэкухэр къэщэхунми и мылъку хухихащ. Республикэм и унафэщIми «Сады Баксана» IуэхущIапIэми фIыщIэ яхудощI узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыIэ гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ зыкъызэрытщIагъэкъуам папщIэ, - жиIащ Хъубий Марат центрым и лэжьакIуэхэм щепсалъэм.
- Мы унэм дыкъыщыIэпхъуам абы и щытыкIэр икъукIэ узыгъэгузавэт. Мыпхуэдэ гулъытэ къытхуащIыну дыщыгугъакъым. Республикэм и унафэщIым ди щыIэкIэ-псэукIэр зригъэщIа нэужь, мазэ нэхъ дэмыкIыу зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм щIадзащ. Ар ди дежкIэ куэд и уасэщ! Къызэрытхуэныкъуэр, ди IэнатIэм и мыхьэнэр зыхыдагъэщIэжащи, апхуэдэ гулъытэ къытхуэзыщIахэм си лэжьакIуэхэми сэри къыдбдгъэдыкIыу фIыщIэ яхудощI, - къыхигъэщащ КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым и унафэщI Къардэн Алим.
Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ центрым зыужьыныгъэхэр иIэнущ. Апхуэдэу шыщхьэуIум и 1-м ирихьэлIэу «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» хыхьэу IэнатIэ щхьэхуэ къызэрагъэпэщынущ. ИтIанэ IэщIагъэлIхэр нэхъ псынщIэу нэсынущ Налшык и «Аэропорт», «Искож», «Стрелка», «Дубки» хьэблэхэм щыпсэухэм я деж. IэнатIэщIэр центрым и япэ къатым щыIэнущ, лэжьакIуэхэм зыщагъэпсэхуну, зыщагъэпскIыну, щышхэну пэшхэри хэту.
2020 гъэм ирихьэлIэу центрым зы диспетчер IэнатIэ иIэ хъунущ. Абы лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэр куэдкIэ иригъэфIэкIуэнущ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.

12.11.2026 - 09:07

Зэхэшэ шэбэщ

Шэджэм районым хыхьэ Ла­шынкъей къуажэм Къуэныкъуей Назир и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэ №1-м иджыблагъэ зэ­хыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ, мы гъэр УФ-м и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсу зэры­

12.11.2026 - 09:05

ЗэIущIэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и зэIущIэ екIуэкIащ щэкIуэгъуэм и 6-м. Ар теухуат академием къыпэщылъ зэ­IущIэшхуэм зэрыхуэхьэзырым.