МАШИНЭЩIЭХЭР ИРАТАЩ![]() Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэхэм яритыжащ автомашинэщIэу 27-рэ. Ахэр къащэхуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. - Иужьрей илъэсипщIым ягъэзэщIа гъуэгу проект нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар. Гъуэгу шынагъуэншагъэр егъэфIэкIуэнырщ абы и къалэн нэхъыщхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс шынагъуэншагъэм и жыпхъэхэм изагъэу автомобиль гъуэгуу километри 100 хуэдиз щIэуэ щаухуэ. ЦIыхухэр зыхэкIуадэ къэхъукъащIэхэу щIыналъэм и гъуэгухэм къыщыхъухэр нэхъ мащIэ хъуащ. Республикэм и ГИБДД-м и къудамэхэр техникэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщри сэбэп хъунущ гъуэгухэм шынагъуэншагъэр щегъэфIэкIуэнымкIэ, цIыхухэм я гъащIэр хъумэнымкIэ, - къыхигъэща щIыналъэм и Iэтащхьэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||







