Дыгъэгъазэм и 7-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, «Эфир занщIэкIэ» республикэм щыпсэухэмрэ журналистхэмрэ я упщIэхэм жэуап яритащ. ЗэIущIэр мы гъэм щекIуэкIащ КъБР-м и илъэси 100-м и щIыхькIэ яухуа жыг хадэ цIыкIум ит павильоным.
КъБР-м и Iэтащхьэм я упщIэхэмкIэ зыкъыхуагъэзэну Iэмал яIащ видеокIэ, электрон пощткIэ, социальнэ сетьхэмкIэ. Ахэр тхьэмахуэм къриубыдэу зэхуахьэсащ. КъищынэмыщIауэ, Iуэхум хэтыну иджы япэу ирагъэблэгъа журналистхэми Iэмал яIащ республикэм и Iэтащхьэм упщIэ иратыну.
КъаIэта Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр теухуауэ щытащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм ехьэлIа гугъуехьхэм, къалэ жылагъуэ транспортым и лэжьыгъэм цIыхухэр арэзы къызэримыщIым, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, къат куэду зэтет унэщIэхэр я пIалъэм зэрамытым зэрытегузэвыхьым, «Экологистика» IуэхущIапIэм кIэрыхубжьэрыхур зэрыдашыр тэмэму къызэрызэримыгъэпэщым, языныкъуэ жылэхэм псы зэраIэрымыхьэм, нэгъуэщIхэми.
Социальнэ сетьхэмкIэ республикэм и Iэтащхьэм къыхуагъэхьа упщIэхэм ящыщу япэу зи гугъу ящIар Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ Быф Казбек зи унафэщI ротэм щхьэкIэ автомобиль хуейуэ лъэIу иIэрат. КIуэкIуэм ар къигъэгугъащ зэман гъунэгъум а Iуэхум унафэ тращIыхьыну.
Республикэм и бюджетыр 2024 гъэм нэхъ зыхущыщIэнкIэ хъунур къэгъэлъэгъуауэ КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ дэфтэрым и япэ еджэгъуэр къызэрищтамрэ абы ипкъ иткIэ щIыналъэм и къалэнхэр тэмэму хуэгъэзэщIэнымрэ ехьэлIауэ упщIэ щратым, КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ: «Мы гъэм республикэм игъэзэщIащ цIыхухэм ядэIэпыкъунымкIэ и пщэрылъ псори. Апхуэдэуи федеральнэ, къэрал программэхэм япкъ иткIэ лэжьыгъэхэри и чэзум зэфIыдогъэкI. 2024 гъэм КъБР-м и бюджетым и хэхъуэхэр зыхуэдэнум и гугъу пщIымэ, законопроектым и япэ еджэгъуэм ирихьэлIэу, ар сом мелард 50 мэхъу. Ауэ иджыри сом меларди 8,8-рэ къытхухалъхьэжынущ. Апхуэдэу етIуанэ еджэгъуэм деж сом мелард 59,3-рэ диIэну дыщогугъ. Абы хэткъым фондхэмкIэ къытIэрыхьэну сом меларди 9-р. Аращи, етIанэгъэ КъБР-м и бюджетыр сом меларди 9-м нэскIэ нэхъыбэ хъунущ 2023 гъэм елъытауэ. Социальнэ Iуэхухэм 2024 гъэм тедгъэкIуэдэнур сом мелардитхукIэ нэхъыбэ тщIынущ».
КIуэкIуэ Казбек тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэм хиубыдэу зэфIагъэкIамрэ Iуэхухэм зэрыпащэнумрэ. Псом хуэмыдэу 2024 гъэм зэлэжьынухэм ящыщщ Налшык къалэм и поликлиникэ №1-м, Май къалэм и курыт еджапIэм, Эльбрус жылагъуэм и амбулаторэм я ухуэныгъэхэр и кIэм нэгъэсыныр. КъищынэмыщIауэ, къару нэхъыщхьэр хуаунэтIынущ Лышх узыфэхэмкIэ сымаджэщыр зэраухынум. «Сымаджэщым и ухуэныгъэр 2026 гъэм зэфIэкIын хуейуэ щытщ, ауэ абы и къудамэ хэхахэм етIанэгъэ лэжьэн щIадзэн хуэдэу, къызэIутхыну ди мурадщ», - къыхигъэщащ щIыналъэ Iэтащхьэм.
КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къэралыр щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъуфыным теухуа упщIэм жэуап щритым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «ЛэжьакIуэхэм я Iэзагъэм хегъэгъэхъуэнымрэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэмрэ ехьэлIауэ ахъшэ къыщыхэпх хъуну Iэмалхэр нобэ щымыIэмэ, дегупсысынщ нэгъуэщIу дызэрыдэIэпыкъуфыну щIыкIэм».
Тэрч районым хыхьэ Дей къуажэм щыщхэм къагъэхьа зэрызыхуагъазэ видеор теухуат гъуэгур зэрагъэпэщыжыну лъэIу зэраIэм. КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ республикэм и гъуэгухэм илъэситхум тещIыхьауэ зэрелэжьынур гъэбелджылауэ зэраIэр, зыщIэупщIа гъуэгу Iыхьэр 2025 гъэм зыхуей хуагъэзэну абы къызэрыщыгъэлъэгъуар. Ауэ а пIалъэм намыгъэсу, КIуэкIуэм къызэрыхигъэщамкIэ, 2024 гъэм абы елэжьыну я мурадщ.
Белэ Речкэ къуажэм щыпсэухэм республикэм и Iэтащхьэм зэрызыхуагъэзар теухуат жылэм екIуалIэ 25-нэ транспортыр тэмэму зэрыземыкIуэм. «УФ-м и Президентым и унафэкIэ автобус 44-рэ къытIэрыхьэнущи, къалащхьэм дэт жылагъуэ транспортыр нэхъ къызэмащIэкIхэм елъытауэ тедгуэшэнущ. Си гугъэмкIэ, абы иужькIэ мыпхуэдэ гукъеуэ щыIэжынукъым. Япэ автобусхэр 2024 гъэм и щIышылэм къэкIуэнущ», - яжриIащ абыхэм КъБР-м и Iэтащхьэм.
Дыгулыбгъуей щыщу телефонкIэ КIуэкIуэм зыкъыпызыщIахэм Iэтащхьэм жраIащ школ зыбжанэ зыдэт къуажэм сабийхэр еджапIэхэм зышэу къэзышэжыну автобус яIэным зэрыхуэныкъуэр. КIуэкIуэм ахэр къигъэгугъащ а Iуэхур къызэгъэпэщыным езым и нэIэ зэрытригъэтынумкIэ.
НэгъуэщI видеор Тырныауз кърагъэхат. Жылагъуэ лэжьакIуэхэр тепсэлъыхьырт «Геолог» спорт IуэхущIапIэм и унэр илъэс 40-м зэрыщIигъуар икIи ар зэгъэпэщыжыным зэрыхуэныкъуэр. Апхуэдэ дыдэу Май районым хыхьэ Александровскэ жылэм дэсхэри республикэм и Iэтащхьэм елъэIуащ къуажэм дэт сабий гъэсапIэм, илъэс зыбжанэ хъуауэ ущIэс мыхъуну къалъытам, гулъытэ хуищIыну. «Къуажэхэм зегъэужьын» программэмкIэ ди мурадщ мы Iуэхухэм делэжьыну. Республикэм и дэтхэнэ апхуэдэ IуэхущIапIэри зыхуей хуэдгъэзэн хуейщ Iэмал имыIэу», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
ЦIыхухэр щIэупщIащ Палестинэм щекIуэкI зауэм зи щхьэр къыхэзыхын хуей хъуа гуп Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрырагъэблэгъам. КIуэкIуэм жиIащ ахэр цIыху 50 хъууэ санаторэхэм зэрыщIагъэтIысхьар, мы зэманым абыхэм я узыншагъэм зэрыкIэлъыплъыр.
Социальнэ сетьхэм щатххэм республикэм и Iэтащхьэр зэреплъымрэ ахэр къызэрыщыхъумрэ теухуауэ щеупщIым, КIуэкIуэм жиIащ цIыхухэм Интернетым щатхым, шэч хэмылъу, зэрыкIэлъыплъыр, икIи щыщIэныгъэ щыIэхэм теу-хуауэ къагъэлъагъуэ я Iуэху еплъыкIэхэм тэмэму зэрахущытыр.
Эфир нэужьым КъБР-м и Iэтащхьэр къызэтеувыIэри, республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм епсэлъащ.
- «Эфир занщIэкIэ» цIыхухэм я гукъеуэхэм седэIуэныр си къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къызолъытэ. Нобэ зыкъызэрытхуагъэза Iуэхугъуэхэм я жэуапымрэ хэкIыпIэмрэ дылъыхъуэнущ. УпщIэхэм я ныкъуэр цIыхухэр зыгъэпIейтей гуэрхэм теухуауэ щытащ, зэрызэхэфхащи, нэхъыбэр псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэрат зэпхар. Мы Iуэхухэм, шэч хэмылъу, яужь дитщ, - жиIащ КIуэкIуэм.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ ЩIыналъэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ центрым (ЦУР) зэпымыууэ упщIэхэр зэрырагъэхьыр, а IуэхущIапIэр жыджэру зэрылажьэм и щыхьэту къызэрилъытэр. «2019 гъэм си деж зыкъызэрысхуагъазэ тхыгъэу мини 10-м нэблагъэ къагъэхьауэ щытащ, нэгъабэ абы и бжыгъэр 4700 хъурт, нобэ ахэр мини 4-щ. «Эфир занщIэм» къагъэхьыну упщIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэну ди гугъат. Япэ илъэсхэм едгъэкIуэкIахэм упщIэ миным нэс къытIэрыхьэу щытамэ, мы зэманым ахэр зыхэпщIэу нэхъ мащIэ хъуащ, - жиIащ КIуэкIуэм. - Гу лъыфтауэ къыщIэкIынщ зы упщIи зэредмыгъэкIуэтэкIым. Гугъуехьхэр уи нэр буфIынцIкIэ езыр-езыру кIуэдынукъым. ТхузэфIэмыкIын хэлърэ, ари наIуэу жытIэн хуейщ е пIалъэ гуэр зэрихьынур къэдгъэлъэгъуапхъэщ. Мыпхуэдэ лэжьыгъэр махуэ къэс щокIуэкI «Урысей зэкъуэт» партым, КъБР-м и Iэтащхьэм, Урысей Федерацэм и Президентым я егъэблэгъапIэхэм икIи сыт щыгъуи цIыхухэм зыкъызэрытхуагъазэм гулъытэ хэха худощI. АдэкIи делэжьынущ гугъуехьхэм къыхэкI упщIэхэр нэхъ мащIэ зэрыхъуну щIыкIэм.
«Эфир занщIэм» упщIэ нэхъыбэу езыгъэхьа щIыпIэхэм япэ итыр Налшык къалэрщ, абы къыкIэлъокIуэ Прохладнэ, Шэджэм щIыналъэхэр. КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ къагъэхьа упщIэхэм ящыщу зыри гулъытэншэу къызэрамыгъэнэнур, а Iуэхум хухэхауэ къызэрагъэпэща штабым абыхэм зэрыщыхэплъэнур.
БАГЪЭТЫР Луизэ.