ХЬЭ ХЬЭУЛЕЙХЭМ ПСЭУПIЭ ХУАЩIАЩ

Налшык къалэм и уэрамхэм сабии балигъи ягъэшынэу дэт хьэ хьэулейхэм унафэ ягъуэтащ. Къалэ уэрамыщхьэхэм хьэ куэд зэрытетым иригузавэу цIыхухэр куэдрэ къалэ администрацэм тхащ, ауэ иджыщ а гукъеуэм кIэ щигъуэтар.

Налшык къалэ округым и администрацэм и лэжьакIуэ АфэщIагъуэ Руслан зэрыжиIэмкIэ, хьэхэр щаIыгъ, щагъэхъуж IуэхущIапIэр Къэбэрдей уэрамыр щиухыу Прохладнэм хуэкIуэ гъуэгур щыщIидзэм деж тетщ. Къэрал хабзэхэм къызэрагъэувым тету а IуэхущIапIэм псэущхьэхэм щакIэлъоплъ, щоIэзэ, щаIыгъ.

- Хьи 130-рэ зэуэ щIэхуэнущ а ухуэныгъэм, ар гектари 2-м нэс щIым тетщи, нэхъыбэж щаIыгъыфын хуэдэу иджыри къыпыпщIыхьыжыну Iэмал щыIэщ. Ауэ нобэкIэ дызыхуэныкъуэ псори диIэщ, лэжьакIуэхэри ди куэдщ. Пэжщ, зэман куэд ихьащ мы ухуэныгъэр къызэгъэпэщыным, къытхуагъэува пIалъэми дизэгъакъым. Ар къызыхэкIар – къыдата щIыр нэхъапэIуэкIэ кIэрыхубжьэрыху зэхуэхьэсыпIэу щытати, щIыр пхырыхут. Ухуэныгъэр быдэн, кIуэцIрымыщэтын папщIэ, куууэ ех бетон щIэгъэкъуэни 170-рэ хэдгъэжыхьри, абы унэр тетщIыхьыжащ, - жеIэ АфэщIагъуэм.

Тамбий Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я

16.07.2026 - 08:34

Гуащэнабдзэхэмрэ сурэтхэмрэ

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит Розэхэм (Гуащэнаб­дзэ­хэм) я аллеем бадзэуэ­гъуэм и 12-м щагъэлъэ­гъуащ къалащхьэм и «Свой стиль» клубым и сурэттех, илъэс щэ ныкъуэм щIигъу­кIэ инженер IэнатIэм пэр