IЭДИИХУ ЧЭЩАНЭМ И КЪАЛЭЖЬИнжыдж и нэпкъ лъагэм илъэс щэ бжыгъэхэр и ныбжьу къытетщ Iэдииху чэщанэр. Хъыбарыжьу абы къыкIэлъекIуэкIыр пхуэбжынкъым. Зэхэпхынущ Iэдииху тхьэIухудым, губжьым къыхихыу, и щхьэгъусэр кIуэдыпIэм зэрыхуишар, уагъэлъагъунущ зэман жыжьэм лъэмыж хъыринэ здиIа нэпкъыр, уеблэмэ а лъэмыжыр зэпхауэ щыта гъущI пкъоми убгъэдашэнущ. Нэхъ псалъэгъуафIэхэм, къаймыхьэлъэкIыу, ухуашэнущ Инжыджышхуэ нэс кIуэцIрыкI бгъуэнщIагъым, абы тегушхуэу щIыхьахэми я цIэ къыбжаIэфынущ. ИкIэм-икIэжым, дыщэ здыщIэлъа е шу зэгъэпэща гуэрым и хьэдэ къыщагъуэта щIыпIэ гуэрхэми я гугъу къыпхуащIынущ. Ауэ иджыри къыздэсым зыми и жьэ къыжьэдэмыкIа щыIэщ: а нэпкъ дыдэм, Iэдииху и чэщанэм деж, илъэс мин ипэкIэ къалэ зэрыщыIар, абы и щыхьэту нобэми быдапIэ блынхэр, унэ лъабжьэхэр, кхъэхалъэхэр къызэрынар… Къалэм и тIыгъэр къыщагъуэтар 1949 гъэращ, Шэрджэс областу а лъэхъэнэм щытам и музейм и IэщIагъэлIхэм археологие экспедицэ а щIыпIэм щрагъэкIуэкI пэтрэ. ТIыгъэр здыхуэзэр Iэдииху и чэщанэмрэ Инжыджрэ я зэхуакум иIэ щIы нэщI хэIэтыкIарщ. Ари Iыхьищу зэпэгуэшауэ щытщ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, музейм и лэжьакIуэхэм къалэр къатIэщIын щIадзат. Япэ Iыхьэм къыщагъуэтащ мывэрэ сэхупскIэ зэтелъхьа чыристэн члисэ. Блынхэр джафэу ящ, сэхуи етыжащ, и лъэгур мывэ пIащIэкIэ къищIыкIащ. Мыбы къыщагъуэта чыристэн жорым хуэдэхэр ди лъэхъэнэм и X-XII лIэщIыгъуэм зэрахьэу щытам ещхьти, абы къыдабжу щIадзащ мы члисэм и ныбжьри. Члисэм и хъуреягъыр, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, кхъэт. Кхъэлэгъунэ зэвхэр къыр мывэр къраудурэ ящIат, ябгъухэмкIэ мывэ Iутыжу. Къыщахута гъэм щегъэжьауэ 1952 гъэ пщIондэ бгытIу (бгым пхаугъуэныкIауэ) къахутам, псори зэхэту, метр зэбгъузэнатIэ 460-рэ яубыд. КъыщIатIыкIащ псэупIэ унэхэр, IуэхущIапIэ пэш, гъавэ щахъумэ мащэхэр, къалэр къызэраухъуреихьа блыныр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Шэч хэмылъу, къалэм пасэ лъэхъэнэм насыпыншагъэ гуэр къыщыхъуащ. Мывэ унэшхуэу Инжыдж бжьэпэм щхьэщытым мафIэ лъэужьу къытенари абы и щыхьэту къыщIэкIынущ. Нэхъ кIасэ лъэхъэнэм, нэрылъагъуу чыристэн диныр тепщэ щыхъуам (X-XIV лIэщIыгъуэхэм), къалэм и псэукIэми абы щIэупщIэ нэхъ щызиIэ IэщIагъэхэми захъуэж, Iэщу зэрахуэр нэхъ мащIэ мэхъу, гъавэхэкIым нэхъ зрат. Абы и щыхьэтщ щхьэл мывэхэр, мывэ гухъухэр, убалъэхэр. ГъэщIэгъуэнщ унэхэр зэрызэтралъхьэ щIыкIэри: мывэхэр сэхупскIэ зэтрагъэжыхьыртэкъым, зэрыгъущэу зэтралъхьэрт. Апхуэдэмэ, быдапIэ блынхэр нэхъ Iув, къэзыухъуреихь тIыгъэхэр нэхъ куу мэхъу. Ауэ щыхъукIи, къалэм щекIуэкI гъащIэр нэхъ шынагъуэ хъуауэ арат, бийр къызэрытеуэным сытым щыгъуи пэплъэу. ЦIыху бжыгъэми хэщIат, къалэм и кIуэдыжыгъуэр благъэ къызэрыхъуам и нэщэнэу… ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, XIV лIэщIыгъуэм къалэм зыри къыхэнэжакъым. Сыту пIэрэт цIыхухэр я щIым изыхур? Дауи, нэгъуэщI цIыхухэрат. Адыгэ куейм къина фэеплъхэм шэч зэрыуагъэщIымкIэ, Инжыдж Iуфэм адрей адыгэ лъэпкъхэр къихьэу мыбы исахэр нэхъ бгы щIыпIэм е къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуэн хуей хъуауэ аращ. НобэкIэ къэтхутахэм аращ къыджаIэр. Хэт ищIэрэ, дяпэкIэ къытпэщылъ къэхутэныгъэхэм щIэ гуэр къыджаIэу, ди гукъэкIхэр дагъэхъуэжынкIи хъунщ. МИНАЕВЭ Татьянэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, археолог, педагог. Черкесск.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|