ХЬЭРЫЧЭТ ЩIЭНЫМ ХЭЛЪ ГУГЪУЕХЬХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм хьэрычэт щыщIэн Iуэхум теухуа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Урысей Федерацэм и Налог къулыкъум и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и ШэсыпIэ фондым» я лIыкIуэхэр, унафэщIхэр.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ щыпэрытхэр зыгъэпIейтейхэм, зыхэт лъэпощхьэпохэм, нэгъуэщIхэми. Псалъэм папщIэ, ахэр гугъуехь куэдым Iуоуэ я хэхъуэм хуэзэ налогыу абы хатыкI хабзэр убзыхунымкIэ - ар зэратам е абыкIэ щIыхуэ зэрателъым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр къыIахын и лъэныкъуэкIэ. Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэр а дэфтэрым щIэмычэу хуэныкъуэ мэхъу, къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыIахын папщIэ лъэIу тхылъхэр щагъэхьэзырым деж е я лэжьыгъэкIэ абы къыщIэупщIэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм ар иратын щхьэкIэ.

Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыхагъэщащ хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэм розницэу сату щащIкIэ е патенткIэ щылажьэкIэ зэрыкIэлъыплъ-кассэ техникэр я лэжьыгъэм Iэмал имыIэу къыщагъэсэбэпын зэрыхуейр.

ЗэIущIэм кърихьэлIахэр къаIэта Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ икIи унафэ щхьэхуэхэр къащтащ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, хьэрычэт щIэн Iуэхум хэтхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр ират «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д