ФIАГЪЫМ И ПЩАЛЪЭХЭМ ХУОКIУЭ

Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэм щрагъэкIуэкI медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм я шынагъуэншагъэр «Росздравнадзор»-м и жыпхъэ щхьэхуэхэмкIэ къапщытэ. Апхуэдэу цIыхухэм фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыхуащIэм щыхьэт техъуэ къэрал тхылъхэр къаIэрыхьэжащ Перинатальнэ центрым, Лъы щат станцым, Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м, №2-м, Прохладнэ район сымаджэщым, Нарткъалэ щыIэ, ЩIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ сымаджэщым, Бахъсэн, Тэрч къалэхэм щылажьэ стоматологие поликлиникэхэм.

«Росздравнадзор»-м медицинэ IэнатIэхэр къызэрипщытэ жыпхъэхэр дунейпсо мардэхэр и лъабжьэу зэхагъэуващ. Къэпщытэныгъэхэр унэтIыныгъэ 14-кIэ ирагъэкIуэкI, поликлиникэхэмрэ сымаджэщхэмрэ я къалэн нэхъыщхьэхэр къызэщIрагъэубыдэу. Абыхэм ящыщщ сымаджэхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр, IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщар, пIалъэ къызыхэкI мыхъун дэIэпыкъуныгъэр зэращIэр, хирургиемкIэ, хущхъуэхэмкIэ, эпидемиологие щытыкIэмкIэ щыIэ шынагъуэншагъэр, IэнатIэр зэпымыууэ ефIэкIуэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэр, нэгъуэщIхэри.

Къэпщытэныгъэхэр «Росздравнадзор»-м ФIагъымкIэ и лъэпкъ институтым и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкI. Абыхэм дэтхэнэ зы унэтIыныгъэри ткIийуэ къапщытэ, IэнатIэм и лэжьыгъэм лъэныкъуэ псомкIи зыщагъэгъуазэ. Апхуэдэу IуэхущIапIэм и пэIущIэм сымаджэхэм зэрыщыпежьэм щегъэжьауэ адэкIэ абыхэм ягъуэт дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр зрагъащIэ, къекIуалIэ цIыхухэми IэщIагъэлIхэми зэпсэлъэныгъэхэр драгъэкIуэкI.

«Росздравнадзор»-м и къэрал дэфтэрыр щыхьэт тохъуэ сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ я медицинэ IуэхущIафэхэр шынагъуэншэу икIи фIагъ иIэу зэрыщытым, а тхылъым къару иIэщ илъэсищкIэ, абы иужькIэ къэпщытэныгъэхэр щIэрыщIэу ирагъэкIуэкIыжын хуейщ.

 

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д