Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий жылэхэр лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ къызэхикIухьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурорым и унафэр игъэзащIэкIэрэ икIи зригъэлъэгъуащ къэрал программэхэмрэ лъэпкъ проектхэмрэ куейм зэрыщагъэзащIэ щIыкIэр. Абы и гъусащ Тэрч куейм и прокурор НэгъэцIу Заур.
Ахэр щыIащ 2023 гъэм щегъэжьауэ «Школ егъэджэныгъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр егъэфIэкIуэн» программэр щагъэзащIэ еджапIиплIым. Школхэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ проектым къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэхэр ягъэува пIалъэм тету ирагъэкIуэкI, ауэ абы зытIэкIукIэ къыкIэрыхуащ Тэрч къалэм дэт курыт еджапIэ №2-р. УхуакIуэхэм унафэ хуащIащ еужьэрэкIыну икIи я къалэнхэр игъуэм зэфIагъэкIыну.
«Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» къэрал проектым ипкъ иткIэ Акъбащ Ипщэмрэ Терекскэ жылэмрэ цIыхухэр куэду щызэхуэс я жыг хадэ цIыкIухэр щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу зэIузэпэщ ящIащ. Къахуэнэжар къэкIыгъэ щхъуантIэхэмкIэ ягъэдахэжынырщ, цIыхухэм я дэрэжэгъуэр къаIэтын хуэдэу. Абы теухуауэ къуажэ администрацэхэм я унафэщIхэм чэнджэщхэр иратащ.
Абы нэмыщI, Хъущт Аслъэнбийрэ НэгъэцIу Зауррэ Терекскэ къуажэм щызрагъэлъэгъуащ ЩэнхабзэмкIэ унэр. Ар зэрагъэпэщыжащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ. 1967 гъэм яухуауэ щыта а унэр ущылэжьэнуи мыщIагъуэжу, и теплъэкIи узыгъэгуфIэн хэмылъу хъуат. Иджы ар ухуэныгъэ екIу хъужащ. Унащхьэр, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр, лъэгухэр, бжьамийхэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ, къедзылIа щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ. Иджыпсту абы гуп зэмылIэужьыгъуэу 9 щолажьэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр щызэхашэ.
Урожайнэ жылэми, социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэм ящыщу, къуажэ амбулаторэр щызэрагъэпэщыж. Абы къокIуалIэ цIыху мини 3-м щIигъу. Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету икIи абы ехьэлIа лэжьыгъэхэр, зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуам хуэдэу, дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIынущ.
Апхуэдэуи къулыкъущIэхэр щыIащ Тэрч къалэм и парк нэхъыщхьэм. Абыи лэжьыгъэхэр щокIуэкI «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» къэрал проектым ипкъ иткIэ.
БАТОКЪУЭ Албэч.