Русланрэ Алимрэ зэпеуэм я лауреатщ.

Иджыблагъэ екIуэкIащ Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и IэнатIэм (УИС) и лэжьакIуэхэм худо­жественнэ самодеятельностымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. ТекIуахэм я гала-концертым хэтащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и лэжьакIуэхэри, - къет Управленэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Урысей ФСИН-м и щIыналъэ IуэхущIапIэ 20-м и творческэ гупхэу зэпеуэм щытекIуахэм, лауреат хъуахэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ Омск дэт къэрал Музыкэ театрым. КъБР-м щыIэ УФСИН-м и цIэкIэ концертым хэтащ IуэхущапIэм и ИК-3-м и мафIэс частым и лэжьакIуэхэу Газаев Русланрэ Джантудуев Алимрэ. Ахэр «Эстрадный вокал» зэпеуэм и лау­реат хъуащ. Абыхэм ягъэзэщIащ «Зовут меня в Балкарию» уэрэдыр (псалъэхэр Къэшэж Иннэ, макъамэр Къашыргъэ Билал яйщ).
- Мыпхуэдэ фестивалхэм мыхьэ­нэшхуэ яIэщ, абыхэм гупхэр зэ­къуагъэувэ, лэжьакIуэхэм Iэмал  ярет я зэфIэкIыр ягъэлъэгъуэну, - къыхагъэщащ зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм.

Бахъсэн Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.