Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Су­рэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыб­лагъэ къыщызэIуахащ Дзэгъэл Iэуес ­«Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Дзэгъэлыр ди щIыналъэм фIыуэ къыщацIыху сурэтыщIщ. ар илъэс къэс гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм ирагъэб­лагъэ, хэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм и сурэтыщIхэм я «Колесо» зэгухьэныгъэм. Абы илъэс куэд щIауэ щрегъаджэ Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын дэт ГъуазджэхэмкIэ сабий школым.
Iэуес иужьрей илъэситхум ищIа сурэт 70 щыфIэдзат музейм и пэшхэм. Су­рэтыщIым зэрыжиIамкIэ, абы и лэжьыгъэхэр зы щIыпIэм щызэхуэхьэсауэ езым иджы япэу илъагъуу аращи, зыкъомым гу лъитэжащ, иригъэфIэкIуэфыну къыщы­хъужу. Абы ­къикIращи, а сурэтыщIым зиужь, и щIэныгъэм хигъахъуэ зэпытщ. 
Дзэгъэл Iэуес Владикавказ къыщиухащ художественнэ училищэр, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа сурэтхэр Москва щекIуэкIа дунейпсо гъэ­лъэ­гъуэ­ныгъэхэм хэтащ, ар и щыхьэтщ су­рэтыщIым зэфIэкI, и лэжьыгъэхэм щIэуп­щIэ зэраIэм. 
Иджырей зэхыхьэр къызэIуихащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Жылэ Анатолэ.
- Дзэгъэлым цIыхугъэшхуэ зэрыхэлъым и мызакъуэу, зэфIэкI лъагэ зиIэ сурэтыщIу зэрыщытыр нобэ хьэкъ тщищIащ. Ар и фIыгъэу къызолъытэ Iэуес щIыуэпсым ­хуиIэ бгъэдыхьэкIэ. Дунейм и IэфI зы­щIишэр абы и IэдакъэщIэкIхэм IупщIу къытощыж.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ Дзэгъэлым и лэжьыгъэ дахэхэм, плъыфэбэхэм папщIэ фIыщIэ ин хуищIащ.
Художникым хэлъ цIыхугъэм, зэчийм а зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и Сурэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Кулешов Сергей. Абы игу къигъэкIыжащ Iэуес­рэ езымрэ зэрызэрыцIыхуауэ щытар, я зэныбжьэгъугъэм ар зэрыригушхуэр.
«Кавказский маршрут» проектым Дзэгъэлым и гъусэу хэтхэри сурэтыщIым ехъуэ­хъури, фэеплъ саугъэтхэри тыгъэ ­хуащIащ.
Щомахуэ Залинэ.
 Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.