ПСЕЙР

- Псейр дунейм и дэтхэнэ щIыпIэми къыщокI. 
- И лъабжьэр щIофыкI ар илъэси 10 - 15 ирикъуа нэужь. ЕтIуанэу къищIыж лъабжьэм и лъэхъцхэр бгъуагъкIэ нэхъ зэкIэщIокI, щIым кууущэу хэмыкIэу. Аращ псеишхуэхэр жьы борэнхэм щIращIыкIыфыр. 
- Ику иту псейр мэпсэу илъэси 200 - 300-кIэ. УщрихьэлIэ щыIэщ илъэс 600 зи ныбжьхэми. Швецэм къыщокI илъэс 9500-рэ зи ныбжь псеижьыр. 
- Псейр докIей метр 30-кIэ
- Псейм шишкэхэр къыпыкIэн щыщIидзэр абы и ныбжьыр илъэси 10 ирикъуа нэужьщ. Псейм и тхъахуэхэр (волокно) захуэурэ зэкIэлъокIуэ. Абы и фIыгъэкIэ псейм къыхэщIыкIа макъамэ Iэмэпсымэхэм макъ къабзэ ягъэIу, жьгърущ. 
- Псейм и кхъуакIэпыкIэхэм (хвоя) витамин С жыхуэтIэр куэду хэлъщ. Хущхъуэу къагъэсэбэп псейм и кхъуакIэпыкIэхэр, жылэхэр, мэзышыр (смола). Пыхусыхум и зэманым деж псейм и банэ цIыкIу зытIущ махуэм къриубыдэу бгъэныщкIумэ узыр нэхъ къыббгъэдигъэхьэркъым. Псейм и кхъуакIэпыкIэхэм къыщIэгъэвыкIа шей уефэну сэбэпщ уи тэмакъым узреймэ.
- Сэбэпщ псей къудамэ цIыкIухэр псым хэту унэм щIэбгъэтыну. Абы дызыхуэмей бактериехэр еукI.
- Илъэс къэс псейм зыкIэредз и кхъуакIэпыкIэхэм я процент 15 -м хуэдизыр. Гъатхэр къызэрихьэу ахэр аргуэру къощIэрэщIэж. 
- Зы псей шишкэм жылэ мин хуэдиз илъщ. 
- Псейр къагъэсэбэп тхылъымпIэ къыщыщIагъэкIкIэ. Ар тхылъымпIэ щабэ мэхъу, шэкъэр тецIэфтыркъым, утетхыхьыну тыншщ. 
- Псейм и шишкэхэр тету плъагъунущ къэрал щхьэхуэхэм я ныпхэм. Ар лъагапIэхэм я нэщэнэу къалъытэ.
 - Псейм цIыкIухэр егъэгуфIэ ИлъэсыщIэр къэсмэ! Ар яблэ, ягъэщIэращIэри, махуэшхуэр къызэрыблагъэм и нэщэнэу унэхэм щIагъэувэ. Псейм и щIагъым щотIыгъуэ сабийхэм я тыгъэхэр. ЩIымахуэр къихьакъэ, илъэсыжьым и кIэух хъуакъэ – псей гъэщIэрэщIахэм я чэзущ. Налшык къалэми щызэщIоблэ псей щIэращIэхэр!
 

ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.