ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуэщIауэ

Прохладнэ районым хыхьэ Янтарнэ къуажэм дэт амбулаторэр зэраухуэрэ иджы япэу зэгъэпэщыжыныгъэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIыу аращ. КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам медицинэ IуэхущIапIэм къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэр зэрагъэзащIэм зыщигъэгъуэзащ.

Зы къату щыт амбулаторэ унэр 1962 гъэм яухуауэ щытащ, абы медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт къуажэм дэс цIыху 2300-м, абыхэм ящыщу 500-р сабийщ. 
Зэгъэпэщыжыныгъэхэм хыхьэу зэрахъуэкIащ IуэхущIапIэр зэрагъэплъ, абы псы зэрекIуалIэ бжьамийхэр, уэздыгъэ кIапсэхэр, бжэ-щхьэгъубжэ блыпкъхэр хагъэуващ. Мы зэманым ухуакIуэхэм пэш кIуэцIхэр зэрахьэн, унащхьэр зэхъуэкIын, унэ щIыбыр къэгъэщIэрэщIэжын щIадзащ. 
Илъэгъуахэм япкъ иткIэ, министрым IэщIагъэлIхэм пщэрылъ зыбжанэ ящищIащ. Апхуэдэу гулъытэ зыхуэ­щIыпхъэхэм ящыщу къыхигъэщащ Iуэхутхьэбзэ хуэны­къуэ цIыхухэм я тыншыпIэм тещIыхьауэ медицинэ пэшхэр зэхагъэщхьэхукIыну, сымаджэхэр зэтримыхьэу зэрызэ­благъэкIынури Iуэхум къыхалъытэну. 
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» и щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ. Зэгъэпэщыжыныгъэхэр зэфIагъэкIынущ мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.05.2025 - 10:01

Къалэнышхуэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым щедэIуащ республикэм и бюджетыр 2024 гъэм зэрагъэзэщIам.

24.05.2025 - 09:03

Дызытес къудамэр пыдмыупщIу

ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН–м хигъэунэхукIа пIалъэхэм ящыщщ «Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэ» жыхуаIэр.

24.05.2025 - 09:03

IэщIагъэм зыхагъэгъуазэ

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм къызэ­ригъэпэща «МедиаПритяжение» урысейпсо проектым и щIыналъэ Iыхьэр Налшык къалэ щекIуэкIащ.

23.05.2025 - 09:14

ГущIэгъуншэт зауэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щагъэлъэгъуащ Васильев Борис и «А зори здесь тихие…» повестым къытращIыкIа «Пшэплъ даущыншэхэр» спек­таклыр.

23.05.2025 - 09:03

ЩIэныгъэмрэ щIалэгъуэмрэ

«Си хабзэубзыху жэрдэмыр» – аращ зэреджэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ гупыр иджыблагъэ зыхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм.