Зэкъуэтыныгъэм телажьэ зэгухьэныгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъы­мэн­хэм я IуэхущIапIэм хъыбар къы­зэрыдигъащIэмкIэ, щэкIуэгъуэм и 15-м Шэшэн Республикэм и щыхьэр Грозный къалэм щекIуэкIащ «ФIэщхъуныгъэм къыхуеджэныгъэ пхэнжхэм ущехъумэ» зыфIаща щIэныгъэ конференц. 

Зэхуэсыр ирихьэлIащ Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам. ­КъБР-м икIа гупым я унафэщIу щыта муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий-хьэжы зэхуэсым къыщыпсэлъащ: «Нобэ зи илъэс 25-р дгъэлъапIэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым хузэфIэкIахэр къэтпщытэжу аращи, жыIапхъэщ ар фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъу кавказ щIыналъэм щыпсэухэр зэкъуэзыгъэува зэгухьэныгъэ щхьэпэ зэрыхъуар. Дэ тщыгъупщакъым ар шэшэн лъэпкъым и къуэ пэж, жэнэткIэ Алыхьым игъэгуфIэн Кадыров Ахъмэт и фIыгъэкIэ зэрызэфIагъэувауэ щытари. Ди унафэщI, ди ­къуэш нэхъыжь Бердиев Исмэхьил-хьэжы и унафэм щIэт зэгухьэныгъэр илъэс 25-кIэ пхиша гъуэгум дяпэкIи зэрытемыкIынур хьэкъщи, Алыхьталэм солъэIу ар къэкIуэну зэманми IуэхуфIхэр длэжьынымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуну». 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.