Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ. Лъэхъэнэ къэс езым и щхьэхуэныгъэхэр иIэжщ, абыхэм я зэфIэхыным гугъуехь наIуэхэр япыщIауэ, ауэ цIыхубэм я щыIэныгъэр зэтеублэным икIи унэтIыным гуэх имыIэу епхауэ. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэр, псом хуэмыдэу 1920 - 1930 гъэхэр, жылэм дежкIэ тыншу щытауэ жыпIэфынукъым. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр щIыгызым ещхьт: зауэмрэ-банэмрэ, зэныкъуэкъумрэ зэрыхьзэриймрэ къадэкIуэу, псэукIэми, гупсысэкIэми, дуней лъагъукIэми зызэблахъурт. ЦIыху зэхэтыкIэм псынщIэу зихъуэжыным хэлъ щымыIэми, лъэпкъ гъащIэм зэи имыгъуэтыжыну кIэрыху иIэныр зыхуэIуа щыIэтэкъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ шынагъэр ящхьэщытт лъэпкъ мащIэхэм. ЖыпIэнуращи, цIыхур зыгъэгъуэзэн узэщIакIуэ хуэныкъуэт. Мис апхуэдэ лъэхъэнэщ адыгэм ЩоджэнцIыкIу Алий къыщыхэкIари.
Егъэлея хэлъынукъым ЩоджэнцIыкIу Алий лъэпкъым, зыхилъхьэ щымыIэу, фIыуэ илъэгъуа цIыхухэм ящыщщ, жытIэмэ. Абы и усыгъэр псэхэлъхьэжым хуэдэт - цIыхубэм я гурыгъу-гурыщIэхэм япэджэжырт, щIэр игъэгушхуэрт, жьыр игъэгумащIэт. Анэбзэм и нэхъ псалъэ IэфI-хэмкIэ зэпыгъэува усэбзэр пшыналъэу зэрылъэлъырт, ар гукIэ зрагъащIэрти, дэнэ зэхуэси щагъэIурт. Алий езыр адыгагъэ ин зыхэлъ, гулъытэшхуэ зиIэ, дэтхэнэри езым и пIэм изыгъэувэф цIыхут. ЩоджэнцIыкIум и усыгъэр щIызэIэпахым и зы щхьэусыгъуэт ар цIыхумкIэ гумащIэу зэ- рыщытари. УсакIуэшхуэм и гущIэм къиIукI макъамэм ар зыхуэдэр гъуджэм хуэдэу къищырти, цIыхубэми ар зыхищIэрт. Лъэпкъ литературэм и гъунэ изылъари, Iэмалыбэр хэзылъхьари, IуэрыIуатэм ижь къыщIихуами, псалъэ зэгъэпэщыкIэщIэхэр къыхэзылъхьари Алийщ. Абы и фIыщIагъэр апхуэдизкIэ инщи, нобэр къыздэсым и мыхьэнэр кIуэдакъым, литературэм къыхыхьэхэр абы деж-кIэ йоплъэкI, щапхъэ зытрахын куэд къыхах.
ЩоджэнцIыкIум и цIэр уахътыншэ ищIащ адыгэ псалъэр зэрызэщIигъэжьыуам. Ар ящыгъупщэркъым, къыщIэна и IэдакъэщIэкIхэм хужиIэнрэ къыхихынрэ къегъуэт щIэблэщIэ къэс. Апхуэдэт Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр. «Адыгэ литературэм и зэхэублакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и усыгъэм хуаIэ еплъыкIэщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ» - арат зэреджэр усакIуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу КъБКъУ-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым къызэрагъэпэща щIэнIуатэм. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и щIэныгъэ икIи жылагъуэ лэжьакIуэхэр, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ я егъэджакIуэхэр, аспирантхэр, магистрантхэр.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэр ЩоджэнцIыкIум и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм щIэблэм гулъытэ хэха хуегъэщIынырщ икIи егъэджынырщ. «Зым дежкIи щэхукъым иужьрей илъэс тIощIырыпщIым цIыхум и дуней лъагъукIэм фIыуэ зэрызихъуэжар, дуней къэхъугъэхэм хуаIэ щытыкIэри нэгъуэщI зэрыхъуар. Ар теухуащ литературэ-ми. Зэгуэр мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытэу щыта тхыгъэхэр нобэ литературэм и тхыдэм щыщ хъужащ, утыку къипхьэнкIэ Iэмал зимыIэ нэгъуэщI тхыгъэхэм пщIэ хуащIу, гулъытэ ягъуэту хуежьащ. Абыхэм къащхьэщокI ЩоджэнцIыкIум и IэдакъэщIэкIхэр, псом япэрауэ, и бзэр щапхъэу зэрыщытымкIэ, етIуанэрауэ, псыпэхэшу лъэпкъым зэриIамкIэ. Адыгэ литературэм и классикым и усэхэм нэгъуэщIынэкIэ ухэплъэныр, бгъэдыхьэкIэщIэхэр къахуэгъуэтыныр зэманым къигъэув Iуэхугъуэщ. ЗэIущIэри аращ зытеухуар - дахагъэр, къабзагъэр, цIыхугъэр усакIуэм къызэрищтэмрэ абыхэм къызэщIаубыдэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ нобэрей гъащIэм зэрыпэджэжыр, ужьых зэримыIэр щIэблэм ягурыгъэIуэнырщ», - жаIащ къызэгъэпэщакIуэхэм.
ЩIэнIуатэр къыщызэIуихым, КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIум и усэхэм я пщIэр сыт хуэдэ зэмани зэрымыкIуэдынур, гу зэIухакIэ уабгъэдыхьэ къудеймэ, зэхэщIыкIым ещхьэпэн фIыгъуэбэ хэти къызэрыхихыфы- нур. «ЩоджэнцIыкIу Алий и усэхэм уащыпхыджыкIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ар жыжьэ плъэуэ, куэд къыгурыIуэу зэрыщытам. Нобэ итха фIэкIа умыщIэну куэд яхэтщ абыхэм. ЩIэблэр бгъэсэнумэ, ЩоджэнцIыкIум и усэхэм къапкърыкI гупсысэхэр гъуэмылэ хьэзырщ. Ди библиотекэр нобэрей Iуэхугъуэм щIыхэтым и щхьэусыгъуэщ ар ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъитIым - адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ - я щэнхабзэ хъумапIэу зэрыщытыр. Мыбдеж усакIуэм къыщIэна хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ куэд щыдохъумэ. Сыт и уасэ, псалъэм и хьэтыркIэ, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор тыгъэ къыхуищIа тхылъыр. Зи гугъу сщIар ЩоджэнцIыкIу Алий 1935 гъэм къыдигъэкIа и усэ зэужьырщ. Ар адыгэ тхэпкъылъэр латин хьэрфхэм щытетым дунейм къытехьащ, ауэ, нэхъыщхьэращи, езы усакIуэм и щIэинхэм ящыщщ. Нобэ а тхылъыр КъБКъУ-м и тхылъ гъуэтыгъуейхэм я фондым хэлъу дохъумэ. ЖыпIэнуращи, ди зэIущIэр усакIуэм худиIэ пщIэм хэзыгъахъуэ, ар лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэжым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъапIэныгъэу зэрыщытым иджыри зэ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ. Зэхуэсым и фIагъ ин къызэрыкIуэнум шэч къытесхьэркъым», - жиIащ Гериевэ Аймани.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр утыкум кърахьащ. Апхуэдэу куэдым гъэщIэгъуэн къащыхъуащ КъБР-м и радиом и унафэщI, УФ и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэремкъул Ларисэ и къэпсэлъэныгъэр. Ар теухуат белорус тхакIуэ Гаврилович Владимир «Сэри цIыхум сыкъилъхуащ» зыфIища драмэ повестым. Тхыгъэр адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIа Мэремкъул Ларисэ и псалъэм къыщыхигъэщащ хамэщIым усакIуэм къыщыхуащI кIухьэныр зэрыгъунэншэр, Белоруссиер зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэхыжыным хуэунэтIауэ Плъыжьыдзэм зэрихьа лIыгъэр зэи зэращымыгъупщэр, пыухыкIауэ жыпIэмэ, ЩоджэнцIыкум и фэеплъыр мыужьыхыж мафIэу я гум зэрилъыр. Тхыгъэр адыгэбзэкIэ щызэридзэкIым, Мэремкъулыр хущIэкъуащ ар зэрытха бзэм къыуит гузэхэщIэр зэрихъумэным, тхакIуэм и гуузыр къызэрызэтринэным. Ар къэгъэнауэ, зэдзэкIакIуэр Гаврилович Владимир мызэ-мытIэу епсэлъылIащ, и еплъыкIэхэр зригъэщIащ, языныкъуэ IуэхугъуэхэмкIэ чэнджэщэгъу къищIащ. Абы и щыхьэту езы белорус тхакIуэри пэIудзауэ зэIущIэм къыхыхьащ. Гаврилович гъэщIэ-гъуэн дыдэу къэпсэлъащ, ауэ зэIущIэм хэтхэм нэхъ гукъинэж ящы- хъуар ар Бобруйск лъэхъуэщым зэрыщыIарщ. ТхакIуэм зэрыжиIамкIэ, усакIуэм игъэва бэлыхь псори зыхэпщIэну Iэмал щымыIэми, зыхищIыкIын щхьэкIэ ар зэрылIыхьа лъэхъуэщым итащ, зауаем и илъэс мафIэсхэм псэкIэ кIуащ. «Дауи, ЩоджэнцIыкIу Алии, абы хуэдэу зауэм и щыщIэныгъэ псори зыгъэва зауэлI мелуанхэми я пIэ уиувэныр гугъущ. Ауэ усакIуэпсэр махэщ, зыхищIэр куэдыщэщ. Зы цIыхум адрейм лей ирихыныр зи дуней лъагъукIэм фэбжьу хэуэ Алий къыгурымыIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым «ЦIыху» щIыжаIар абы хуэфащэу упсэун щхьэкIэ КъэгъэщIакIуэм дунейр псэ зыIутым Iэмыр щIыхуищIар. Дэри ди повестыр щыттхым дыкъыщежьар аращ - цIыхуу дунейм утетын щхьэкIэ, ЦIыхуу укъалъхун зэрыхуейм епха гупсысэм. КъыдэхъулIамэ, ди насыпщ», - жиIащ Гаврилович.
Апхуэдэу щIэнIуатэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ, Шэшэным къыщыдэкI «Гудермес» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Борхаджиев Хожбауди, КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Борэн Мадинэ, КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Багъ Заремэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Къудей Фаридэ, КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и лъахэдж къудамэм и лэжьакIуэ Къэмбэчокъуэ Альбинэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсым кърикIуа лэжьыгъэр къызэщIикъуэжкIэрэ, ар зезыгъэкIуа КIудей Фаридэ къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIу Алий и усыгъэмкIэ методикэ дэIэпыкъуэгъухэр егъэджакIуэхэм папщIэ къыдэкIыным зэрыхуагъэхьэзырыр, тхыгъэхэр куууэ джынымкIэ программэхэр зэрызэхалъхьэр. Абы къищынэмыщIауэ, щIэнIуатэм и утыкум къралъхьа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр тхылъ щхьэхуэу къызэрыдагъэкIыжынур, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр щадж дерсхэм къыщагъэсэбэпын хуэдэу, ахэр зэрызэхаухуэнэжынури Къудейм къыжиIащ.
ИпэжыпIэкIэ, цIыхур уахътыншэщ, и цIэр къраIуэху, гугъу зыщIригъэхьа икIи псэемыблэжу зытелэжьа Iуэхум къыпащэху. ЩоджэнцIыкIу Алий псэу щIыкIэ и пщIэр и гуащIэдэкIкIэ къилэжьыжащ, иджы а пщIэр къэкIуэну лъэхъэнэхэми нэхьэсын хуейщи, шэч хэлъкъым, ар зыхузэфIэ-кIын унэтIакIуи, гъэсакIуи, гъэсэни зэрыдиIэм.
ШУРДЫМ Динэ.