Нэхъыжьхэм я жэрдэмхэр

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм иджыблагъэ Налшык къалэм дэт Щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ цент­рым щригъэкIуэкIащ «Нэхъыжьхэр» зыфIища Iуэхур къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэси 10 зэрырикъум теухуа зэхыхьэ гуапэ.

Абы хэтащ «Серебряное волонтёрство» зэгухьэныгъэм, узыншагъэр егъэфIэ­кIуэным тещIыхьа «Анна» жылагъуэ IуэхущIапIэм щы­лажьэ нэхъыжьхэр. 
Зэхуэсыр къыщызэIуа­хым, къызэхуэсахэм гурагъэIуащ партым кърихьэ­жьа IуэхумкIэ я мурадымрэ абы ипкъ иткIэ зэфIагъэкIахэмрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, ар зи ныбжь хэкIуэтахэр нэхъыфIу, зэIузэпэщу псэуныр къахузэгъэпэщыным зэрытещIыхьар. 
Нэхъыжьхэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэхугъуэхэм къа­дэкIуэу, «Урысей зэкъуэ­тым» и щIыналъэ къудамэмрэ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыу­жьы-
­ныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэгъу­сэу нэгузыужь зэхыхьэхэри абыхэм къыхузэрагъэпэщ. Апхуэдэу партым и щIыналъэ гъэ­зэщIакIуэ комитетым махуэшхуэхэм ирихьэлIэу зэ­хуэсхэр, пшыхьхэр, гъэ­лъэ­гъуэныгъэхэр, нэ­гъуэщI Iуэху щхьэпэхэри ирегъэкIуэкI. Нэхъыжьхэм яIуо­щIэ я Iуэху зытетыр зрагъэщIэн папщIэ. Проектым хыхьэу, «Серебряное во­лонтёрство»-м, Къэбэрдей-­Балъкъэрым узыншагъэр егъэфIэкIуэным тещIыхьауэ щылажьэ «Анна» валеологие клубым хэтхэм зэгъусэу Iуэху пыухыкIа зэдащIэ. 
- Псом япэу фIыщIэ фхуэс­щIынут фызэры­жы­джэ­рым, гукъыдэж ин фиIэу мы Iуэхум фызэрыхэтым папщIэ. Дэ адэкIи щIэгъэ­къуэн дыфхуэхъуну дыхьэ­зырщ, фи зэманыр сэбэп зыпылъ, гукъыдэж къывэ­зыт IуэхухэмкIэ зэрыдгъэн­щIынуми иужь дитынущ. Узыншагъэ фиIэну, иджы­ри илъэс куэдкIэ дызэдэгъуэгурыкIуэну си гуапэщ, - яжриIащ нэхъыжьхэм ­КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу, «Урысей зэ­къуэт» партым и щIыналъэ политсоветым и Президиумым хэт, «Нэхъыжьхэр» лэжьыгъэр зыунэтI Тюбеев Альберт.
- Дэ сыт щыгъуи ди гуа­пэщ дыфIущIэну, гукъыдэж фызэриIэр тлъагъуну, - жиIащ КъБР-м Лэжьыгъэм­рэ социальнэ зыужьы­ны­гъэмкIэ и министрым и къуэ­дзэ, «Нэхъыжьхэр» парт проектым и щIыналъэ жылагъуэ советхэм я унафэщI Романовэ Еленэ. - Ди нэхъыжьхэм фIыщIэ фхузощI, фемызэшу илъэси 10 хъуауэ ди IуэхущIафэхэм жыджэру фызэ­рытхэтым папщIэ. Дауи, лэжьыгъэ, бын гъэсэн жыпIэми, гъащIэм къалэн куэд щывиIэщ, иджы фи нэIэ ятетщ къуэрылъху-пхъу­рылъхухэм. Фызыхыхьа зэгухьэныгъэм Iэмал къы­вет жылагъуэ, щэнхабзэ Iуэхухэм фи гур хэвгъэхъуэну, щхьэж зыдихьэх Iэп­щIэ­лъапщIагъэм зыхуэвгъэсэну, фи узыншагъэр зэрыфхъумэнумкIэ фызэчэнджэ­щы­ну. Фи къару мыкIуэщIу, фи гур зэIухауэ Iуэхум фызэрызэбгъэдэтым хуэдэу адэкIи фекIуэкIыну сынывохъуэхъу. Дэ тхузэфIэкIымкIэ зыныфщIэдгъэкъуэнщ.
«Нэхъыжьхэр» проектыр республикэм щыгъэзэщIэ­ным, волонтёр Iуэхум зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ, «Уры­сей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм къыб­гъэ­дэкI фIыщIэ тхыгъэхэр зэ­хуэсым щратащ «Серебряное волонтёрство» зэгу­хьэ­ныгъэм хэт нэхъыжьхэм. 
«Анна» валеологие клу­бым и унафэщI Фатеевэ Юлие къызэхуэсахэр щы­гъуазэ ищIащ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм. Абы зэрыжиIамкIэ, IуэхущIапIэм щызэхуэс бзылъхугъэхэр волонтёр Iуэхуми хэтщ, уэрэд жыIэнымкIэ дерсхэм йо­кIуалIэ, я узыншагъэр ирагъэгъэфIэкIуэн мурадкIэ, скандинав къэкIухьыкIэр, гимнастикэр, нэгъуэщIхэри къыхузэрагъэпэщ. Къищы­нэмыщIауэ, IэрыкI хьэп­шыпхэр зэращIым зыхуа­гъасэ. Нэхъыжьхэр усэхэм гъэхуауэ къыщоджэ Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым лъэс лъагъуэ иIэм дежи. Куэд дэмыкIыу абы хэтхэм езыхэм я IэкIэ хадыкIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ КъБР-м и Лъэпкъ музейм щекIуэкIынущ. Жа­Iам и щыхьэту, зэхуэсым хэтахэм я гукъыдэжыр къа­Iэту пшыхь дахэ ягъэ­хьэ­зырат нэхъыжьхэм.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.