Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щрагъэкIуэкIащ урыс щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ теухуа зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Птица счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ «Вече» урыс лъэпкъ щэнхабзэ центрымрэ.
Урыс щэнхабзэм хухаха махуэм хэтащ студентхэр, егъэджакIуэхэр, абы и къызэгъэпэщакIуэхэр.
«Птица счастья» зэгухьэныгъэм и унафэщI Бойкэ Наталье жиIащ щIалэгъуалэр зэрыщагъэгъуэзар урыс лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм, ахэм тхыдэм щаIыгъ увыпIэм.
«Шэху уэздыгъэ» студием екIуалIэ Баший зэдэлъхузэшыпхъухэу Саидэ, Алия, Сулеймэн сымэ Пушкин Александр и усэхэм къеджащ. КъыкIэлъыкIуэу, ягъэлъэгъуащ «Лукоморье» тхыгъэм къытращIыкIа теплъэгъуэр, щIалэгъуалэр къэфащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм зым я хабзэмрэ тхыдэмрэ адрейхэм зыщагъэгъуэзэн хуейщ. Аращ сыхьэт зыбжанэ щIахухэтхар урыс щэнхабзэм, тхыдэм, фащэм, уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ, - жиIащ Бойкэ Наталье.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.