ЩАХЭ ЛЫШХЫР КЪЫЗЭРАЦIЫХУ ЩЫТЫКIЭХЭР

Узыншагъэ

ЩэкIуэгъуэм и 17-р щахэ лышхым (рак простаты) пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэщ. Медицинэм епхахэм цIыхухъухэр къыхураджэ я узыншагъэм кIэлъыплъыжыну, икIи мы узыфэ шынагъуэр къызэроуэлIар къызэрыпщIэну щытыкIэхэр кърабжэкI. 

Лышх узыфэхэмкIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт щIэныгъэ институтым и дохутырхэм иджыри зэ дигу къагъэкIыж лышхыр къежьагъащIэу къэпхутэмэ, гъэхъужыгъуафIэу зэрыщытыр. Абы папщIэ илъэсым зэ нэхъ мыхъуми дохутыр зыкIэлъыбгъэплъын хуейщ. 
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щахэ лышхыр къофыкI лIиблым я зым. Зи ныбжьыр илъэс 50-м щхьэдэхахэм нэхъ яхуэлъэу жыпIэ хъунущ, ауэ щIалэхэми къащыпкърыхьэ гъунэжщ. Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхухъум и адэм е и адэшхуэм щахэ лышхыр къеузамэ, ар лъэпкъ узу яIэнкIэ зэрыхъунури. Арами, узыфэр къыхэкIынкIэ хъунущ тутыным, фадэм, лы куэд шхыным. Гу лъытапхъэщ гъущI зыгъавэ, тхылъ тедзапIэм, хьэфэ щагъавэм, химие гъуэз куэду зыпиху IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм нэхъ зэрахуэлъэр, - жеIэ Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ дэт щIэныгъэ институтым и дохутыр, профессор Шевченкэ Алексей. 
ЩIэныгъэлIхэм цIыхухъухэр щагъэгъуазэ щахэ лышхым и нэщэнэу къыщIэкIынкIэ хъунухэм:
• Гъутхьэрей ухъуамэ е умыгъутхьэфу иубыдамэ;
• Гъутхьэпсым лъы хэту къакIуэмэ;
• Щахэм е шхужьым ныкъуакъуэу уз гуэр иту къыфщыхъумэ;
• Уэд, къарууншэ ухъуамэ;
• Уи фэр пыкIамэ е щхъуафэ къыщIэувамэ.
 Мы къедбжэкIахэм яз къывэныкъуэкъумэ, Iэмал имыIэу уролог е онколог зэвгъэплъын хуейщ! 
- Медицинэм фIыуэ зиужьыщи, щахэ лышхыр хъарзынэу тхуогъэхъуж. КъыщIидзагъащIэу къыпхуэхутэмэ, процент 95-кIэ тхуогъэужьыхыж. Къыхэзгъэщынут кIэщI-кIэщIурэ дохутыр зыкIэлъыбгъэплъмэ, узыфэр езанэ, етIуанэ лIэужьыгъуэм къызэрыпхуэхутэнур. Апхуэдэхэм деж сэ къыхэдмыгъыхьэу нэгъуэщI IэмалхэмкIэ операцэ едгъэкIуэкIыфынущ. КъищынэмыщIауэ, химиетерапиекIэ, гормон хущхъуэкIэ, брахитерапиекIэ дозауэ лышхым, - къыхигъэщащ зи гугъу тщIа институтым и унафэщI Кит Олег. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.