КъБР-м щыIащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ хьэщIэмрэ тепсэлъыхьащ республикэм «Демографие» лъэпкъ проектыр зэрыщагъэзащIэм епха Iуэхугъуэхэм. Гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ Жылагъуэ фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ «ПIалъэ кIыхьым тещIыхьа дэIэпыкъуныгъэ» къызэгъэпэщын зэрыхуеймрэ.
«Ди Президент Путин Владимир ищIа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэ жылагъуэ дэIэпыкъуныгъэм нэрылъагъуу хэхъуащ, псом хуэмыдэу сабий зэрыс унагъуэхэм. КъБР-м сабий ахъшэ ират къалъхугъащIэхэм щегъэжьауэ илъэс 17 ныбжьым къриубыдэхэм. Апхуэдэхэм я бжыгъэр мин 14 мэхъу. Псоми зэхэту ират мылъкур сом мелард 11-м нос, ахэр федеральнэ бюджетым къыхагъэкIри, республикэм и мылъкум щыщи халъхьэж.
КъинэмыщIауэ, зи улахуэр бюджетым къыхэкI IэнатIэ пэрытхэм я улахуэм мы гъэм ещанэу проценти 10-кIэ хэдгъэхъуащ, щIыналъэм иIэ хэхъуэр къэдгъэщхьэпэурэ. Щэнхабзэм, спортым, егъэджэныгъэм, узыншагъэм кIэлъыплъыным епха цIыхухэр лэжьыгъэм зэрыдедгъэхьэхын Iэмалхэр къыдогъэсэбэп.
Республикэм тхьэмыщкIэу щыпсэухэм я бжыгъэр 2018 гъэм елъытауэ, 2022 гъэм проценти 7,8-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ. ЛэжьапIэ зимыIэхэм я бжыгъэм фокIадэм и кIэм ирихьэлIэу процент 1,0-кIэ хэщIащ. Илъэс ипэкIэ ар процент 1,9-рэ хъурт. Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и гъусэу, лэжьапIэншагъэр дяпэкIи зэрыдгъэмэщIэным и ужь дитщ.
Уней хьэрычэт Iуэхухэм зезытхэм я бжыгъэми хэхъуащ, псом хуэмыдэу я щхьэ хуэлэжьэжхэм - ахэр цIыху мин 70-м нос. ХьэрычэтыщIэхэр гугъу емыхьын хуэдэу, хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хыдолъхьэ.
«Демографие» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ Iуэху куэд зэфIэдгъэкIащ», - щыжиIащ зэIущIэм КIуэкIуэ Казбек.
Котяков Антон ирагъэблэгъащ икIи щагъэгъуэзащ Сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж «Нэмыс» IуэхущIапIэмрэ жылагъуэм зыщIэгъэкъуэным хухэхауэ Къэщкъэтау дэт центрымрэ я лэжьыгъэм.