КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щэкIуэгъуэм и 16-м зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
Абы законопроект зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ, къищынэмыщIауэ, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым медицинэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэр зэрырагъэфIакIуэм щытепсэлъыхьащ.
Депутатхэр арэзы техъуащ Эльбрус районым и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъум Согаевэ Элинэ ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм ахъшэ хэзылъ- хьэ IуэхущIапIэхэм я хэхъуэм щхьэщатыкI налогыр яхуэгъэмэщIэнымрэ IэнатIэхэм я мылъкум телъ налогымкIэ хуэгъэкIуатэ яIэнымрэ теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м, «КъБР-м и автомобиль гъуэгухэмрэ гъуэгу лэжьыгъэхэмрэ» КъБР-м и Законым халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэм.
«IуэхущIапIэхэм я мылъкум теухуа налогым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ езанэмрэ етIуанэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым и гугъу щищIым, КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ дэфтэрыр зэрагъэхьэзырар «УФ-м и Налог кодексым и Iыхьэ езанэмрэ етIуанэмрэ, къэралым нэгъуэщI и законодательнэ актхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ Законыр къызэращтам ипкъ иткIэ. Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, зи гугъу ящI налогым и процентыр 0,3-уэ ягъэувынущ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дыкъэзыухъуреихь дунейр щыхъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр ягъэхьэзыращ «УФ-м и законодательнэ акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» ФЗ №449-р 2023 гъэм шыщхьэуIум и 4-м къызэращтам ипкъ иткIэ. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным-
кIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур зэрыжиIамкIэ, ар хуэгъэзащ щIыуэпсым зэраныгъэ къыхуэзыхьхэр щызэтрихьэ щIыпIэхэр гъэбелджылынымрэ ахэр гъэкIуэдыжынымрэ теухуауэ хабзэхэр зэрызэрагъэзахуэм, икIи а Iуэхур пщэрылъ щащI щIыналъэ унафэщIхэм.
Депутатхэм къащтащ «ЦIыхухэмрэ я хьэпшыпхэмрэ къызэрырашэкIыр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ тепсэлъыхьащ «Егъэджэныгъэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, дэфтэрыр ягъэхьэзыращ «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэм дыщIагъум теухуауэ» Федеральнэ Законыр къызэращтам ипкъ иткIэ. Абы тету къыхалъхьэ КъБР-м и Правительствэм и пщэрылъхэм дыщIагъуну сабий зеиншэхэм, адэ-анэ зыщхьэщымытхэм, апхуэдэхэм ящыщу зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтынымкIэ программэмкIэ еджэхэм тхылъхэмрэ зэрытхэ Iэмэпсымэхэмрэ къызэращэхунумрэ мазэ къэс къэралым зэрызащIигъакъуэ ахъшэр зыхуэдизынумрэ игъэбелджылыныр.
Республикэм цIыхухэм щагъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэм зэрызыщрагъэужьым теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ къаIэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы сыт щыгъуи я нэIэ тетын зэрыхуейр.
- Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и Зэрызыхуигъазэхэм илъэс къэс къыщыхегъэщ узыншагъэмкIэ IэнатIэм зэрызегъэужьыпхъэр, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыфIу зэрагъуэтыну Iэмалхэр егъэфIэкIуэныр, - жиIащ Егоровэм. - Шэч хэмылъу, ди республикэм абыхэм ятеухуауэ куэд щызэфIагъэкI, сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ зэгъэпэщыжын хуейми, щIэхэр яухуэнми, иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщынми, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынми, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ. УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Мурашкэ Михаил иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къыщыкIуам къыхигъэщащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэриIэр. Ауэ, дауи, дызэлэжьыпхъэхэр иджыри щыIэщ.
Къалэбатэ Рустам къытеувыIащ республикэм и къуажэхэмрэ жылагъуэ нэхъ пхыдзахэмрэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр зэрыщагъуэтым, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, цIыхухэр нэхъыбэ зэрылIыкI узыфэхэм, нэгъуэщIхэми.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, «КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм хухах ахъшэр мы гъэм сом мелард 16-м щIигъуащ, апхуэдэуи иужьрей илъэситхум хуэдищкIэ нэхъыбэ хъуащ цIыху щхьэхуэхэр хуэгъэкIуатэ яIэу хущхъуэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым трагъэкIуадэм - сом мелуан 290-м къыщыщIэдзауэ сом мелуан 845-м нэсу. IэщIагъэлIхэмкIэ я Iуэху зытетым щытепсэлъыхьым, Къалэбатэм къигъэлъэгъуащ «Земский доктор» программэмкIэ мы зэманым дохутыррэ медицинэ лэжьакIуэу 150-м нэблагъэ къуажэхэм лэжьакIуэ зэрыкIуар.
Депутатхэм министрым упщIэхэр иратащ, IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм, цIыхухэр и чэзум я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIым, медицинэ IуэхущIапIэхэм нэхъыфIу къалъытэ IэщIагъэлIхэр къызэрырашалIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.