Псом япэ ит.

Балъкъэр усакIуэ Зумакуловэ Танзиля Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм 1934 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр зауэ нэужь лъэхъэнэм ирихьэлIати, а зэманым и гугъуехь псори игъэващ. 1940 - 1944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. АдэкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным щыпищар балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызращ.
Иджыри школым щIэсу литературэм и къару щигъэунэхуу хуежьащ Танзиля. И япэ усэхэр 1954 гъэм дунейм къытехьащ. Газетхэмрэ журналхэмрэ 1956 гъэм щегъэжьауэ къытохуэ и IэдакъэщIэкIхэр. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIахэр «Пионер», «Дон» журналхэм, «Поэты Балкарии», «Голубые ели» усэ тхылъхэм ихуащ.
1959 гъэм къыдэкIащ «Къаяда гюлле» («Цветы на скале») и япэ усэ тхылъыр, усакIуэ бзылъхугъэм и зэфIэкIыр зыгъэ­лъэгъуар. Абы гурыIуэгъуэ ищIащ куэдкIэ узыщыгугъ хъун усакIуэ хъарзынэ литературэм къызэрыщыунэ­хуар. 1961 гъэм Зумакуловэр хагъэхьащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. 1968 гъэм абы Литературэ курс нэхъыщхьэ Москва къыщиухащ. И усэхэр куэду дунейм къытехьэу хуежьащ, ди къэралым щыпсэу лъэпкъ зыбжанэм я бзэхэмкIэ зэрадзэкI хъуащ. 1970 гъэм «Тау аяз» («Прохлада гор», 1967), «Чирахтан» («Светильник», 1969) и тхылъхэм къы­пэ­кIуэу Танзиля къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэ саугъэтыр. Абы и усыгъэм къэралпсо литературэм нэрылъагъуу увыпIэ щхьэхуэ щеубыд.
Горький М. и цIэр зезыхьэрыр Къэрал саугъэтыр 1977 гъэм къыхуагъэфэщащ (1974 гъэм къыдэкIа «Сокровенность» тхылъым папщIэ). 1982 гъэм ­КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Пре­зидиумым и унафэкIэ абы къыфIащащ «Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ уса­кIуэ» цIэ лъапIэр. ИлъэситI дэкIри, лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хуищI хэлъ­хьэныгъэм къыпэкIуащ Лъэпкъ зэныб­жьэгъуныгъэм и орденыр. 1994 гъэм ар Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIы­хубэ усакIуэ ­хъуащ, а гъэ дыдэм Чувашием и литерату­рэ саугъэтри къратащ. Зэман зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм Зумакуловэ Танзиля и зэфIэ- кIыр къалъытащ РСФСР-м и Совет Нэ­хъыщ­хьэм и Прези­диумым, Къэбэрдей-­Балъкъэр АССР-м, ВЛКСМ-м и ЦК-м, РСФСР-м, СССР-м и республикэ, хэгъэгу зыбжанэм я фIыщIэ, щIыхь тхылъхэмкIэ.
1957 гъэм щыщIэдзауэ бзылъхугъэр жыджэру хэтщ ди республикэми къэрал-ми я жылагъуэ лэжьыгъэм. Мызэ-мытIэу ар хахащ Налшык къалэ советым и депу­тату. УсакIуэр хэтащ СССР-м и ТхакIуэхэм    я зэгухьэныгъэм и ревизионнэ комиссэм, РСФСР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и президиу-мым, ТхакIуэ зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо IуэхущIапIэм и исполкомым.
Танзиля и усэ тхылъу 30-м щIигъу дунейм къытехьащ. Абыхэм ящыщщ «Тауланы жыры» («Песня гор». 1962), «Дым очага» (1965), «Радуга над домами» (1968), «Молчание» (1972), «Сокровенность» (1974), «Весна в горах» (1982), «Тхыгъэ къыхэхахэр» тхылъитIу (1994), нэгъуэщIхэри. Зумакуловэм и гуащIэм гулъытэ щыхуащIыр ди республикэм, къэралым и закъуэкъым, атIэ нэгъуэщI щIыпIэ куэдми абы и IэдакъэщIэкIхэр къыщащIэ. Усыгъэр къызэригъэIурыщIам тепщIыхьу ар ябгъэдэбгъэувэ хъунущ Гамзатов Расул, КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын сымэ.
Танзиля и гуащIэр къыщежьэр, абы и ­къигъэхъуапIэр лъэпкъ лирикэрщ, цIы­хубэм къигъэщIа Iущыгъэхэрщ. «Си дежкIэ лъэпкъ IуэрыIуатэр лъапIэ дыдэщ, зэрыжаIэу, си анэм и быдзышэм щIыгъуу къыспкърыхьащи, си лэжьыгъэм абы мыхьэнэшхуэ щиIэщ», - жеIэ Танзиля.
Зумакуловэр зи IэдакъэщIэкIхэр тхауэ дунейм къытехьа, газетхэм, журналхэм традза япэ балъкъэр усакIуэ бзылъхугъэщ. Абы ипэкIэ псэуахэм яуса уэрэдхэр зы жьэм жьэдэкIым адрейм жьэдыхьэу ­къекIуэкIауэ аращ. Танзиля и «Горские ­поэтессы» усэм къыхощ ар зэригуныкъуэ­гъуэшхуэр, япэу ущытыным жэуаплыныгъэу пылъыр къызэрыгурыIуэри жеIэ.
Зумакуловэ Танзиля и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ къызыхэкIа и лъэпкъым. Абы и гъусэу бзылъхугъэм ишэчащ гугъехь куэд, къыщалъхуа щIыналъэм пэIэщIэу илъэс 13-кIэ псэун хуей хъуащ. 1957 гъэм и лъэпкъым и гъусэу къигъэзэжа иужь, балъкъэрхэм гуапэу къахущыта къыргъыз щIыналъэм и цIыхухэм и усэ сатырхэмкIэ гуапэу захуигъэзэгъащ.
КъызэрыгуэкI цIыхум и гъащIэр, дыкъэзыухъуреихь дунейр, цIыхур а дунейм зэрыхущытыр - ахэращ Танзиля и гуащIэм щигъэнэхъапэр. КъыкIэлъокIуэ езы цIыху­хэм я зэхущытыкIэр, къыщалъхуа щIы­налъэм, лъахэм хуаIэ фIылъагъуныгъэр къэгъэлъэгъуэныр. А гурыщIэхэм я зэхэ­лъы­кIэр къитIэщIкIэрэ езым и еплъыкIэ щхьэхуэм дыщегъэгъуазэ, апхуэдэуи ахэр тхъумэн зэрыхуейм дыщIепIыкI. Лъа­гъуныгъэм увыпIэ щхьэхуэ хухех усакIуэ бзылъхугъэм икIи и щхьэр течауэ а гурыщIэ дахэм и гугъу ещI.
Лъэпкъым и гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри, ехъулIэныгъэри гугъуехьри, къанэ щы­мыIэу дэзыгуэш бзылъхугъэ усакIуэм и дежкIэ псом нэхърэ нэхъапэр къэзылъхуа­хэм, къызыхэкIам хуэпэжынырщ. Абы и усэхэр гъащIэм и пэжыр къэзыгъэлъагъуэ защIэщ, фIым ущагъэгугърэ гугъапIэ дахэхэр къуату.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.