ИСЛЪЭМЕЙ ЩIАЛЭМ И ДЫЩЭ МЕДАЛЫР

Налшык къалэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэ­кIащ балъкъэр усакIуэ Мечиев Кязим и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ. 

Зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 26-м я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 500-м нэблагъэ - Кавказ Ищхъэрэм и адрей щIыпIэхэм, Кърымым, Ямало-Ненецкэ округым, Астрахань облас­тым, Тывам, Татарстаным, Мэзкуу, нэгъуэщIхэми къикIауэ. 
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэхьэзэхуэм дыщэ ме­далыр къыщихьащ Бахъсэн куейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм­          щыщ бэнакIуэ Елмэс Къантемыр. ЩIалэр зыхэтыр килограмм 68-рэ зи хьэлъагъ гупырщ, и тренерхэр Жолдащ Зэчыррэ Елмэс Артуррэщ.
Зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ икIи Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм пашэныгъэр щыубыдынымкIэ ныбжьыщIэхэм ирагъэкIуэкIыну зэ­пеуэм хэтыну. 
Наурзокъуэ Ислъам. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 12:25

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ