«Урысейм и сабийхэр-2023»

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэ­лъыплъы­нымкIэ и управленэм щызэхэтащ «Урысейм и сабийхэр-2023» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр республикэм щэкIуэ­гъуэм и 13 - 22-хэм зэрыщекIуэкIы­-нум щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

Iуэхумкiэ я мурадыр щIалэгъуалэр наркоманием демыгъэхьэхынырщ, ахэр наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэм хашэныр къэ­мыгъэхъунырщ, апхуэдэуи афиянхэкIхэр зэхьэлIэным кърикIуэм, ар щэным зыпызыщIэм жэуап зэрихьым жылагъуэр щыгъуазэ щIы­нырщ. 
Къызэрыхагъэщащи, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и щIыналъэ псоми щрагъэкIуэкIынущ мы Iуэхухэр, балигъ ­мыхъуахэм гурагъэIуэнущ нарко­тик­хэкIыр зэхьэлIэным и зэра­ныгъэр. Апхуэдэуи ныбжьыщIэхэр куэду щы­зэхуэс щIыпIэхэр, псэупIэхэр,  нэгу­зегъэу­жьы­пIэхэмрэ сату щIапIэхэмрэ щIапщытыкIынущ, наркотик зэзы­хьэ­лIэ­хэр къыщIэгъэщыным хуэгъэзауэ. 
НаркотикхэкIхэмрэ акъылыр зы­гъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ игъэкIыным пэщIэт лэжьыгъэм хэтынущ КъБР-м щыIэ МВД-м, Урысей ФСИН-м и Уп­равленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м ­Узыншагъэр хъумэнымкIэ, Егъэджэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ, ЛэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэ­щынымкIэ, социальнэу хъумэнымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ министерствэхэм я лIыкIуэхэр. 
БАХЪСЭН  Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2025 - 12:25

Ди пхъэщхьэмыщхьэхэм къащIэупщIэхэм къахохъуэ

«Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ 2025 гъэм и япэ мазиплIым къриубыдэу КИФЩI-м и щIыналъэхэм я пхъэщхьэмыщхьэ продукцэу нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшэну ягъэхьэзырахэм

20.05.2025 - 09:03

Джэдмышх псыкъелъэхэр

Дэтхэнэ зы щIыналъэми иIэщ зэрыгушхуэ щIыпIэ дахэхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр куэдым йофIэкI.

20.05.2025 - 09:03

Зи псэ емыблэжа журналистхэм я фэеплъу

Мы махуэхэм Урысейм щокIуэкI «Кедры Великой Победы» Iуэхур. Я лэжьыгъэм пэрыту Хэку зауэшхуэм хэкIуэда журналистхэм я щIыхькIэ жыг хадэхэр щыхасэ УФ-м и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм. 

20.05.2025 - 09:03

Къущхьэ Iэмин къахощ

«Шылэ гъуэгуанэ кIыхь» фIэщыгъэр зэрихьэу боксымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ.

20.05.2025 - 09:03

Спорт хъыбархэр

КхъуэIуфэ Дарэ и медалхэр