Адиджэ псыежэхым и хъуреягъкIэ

Италием щыIэ Аппенин хытIыгуныкъуэм и ипщэкIэ, Альпы бгы гупым и лъапэм деж щылъщ нобэ зэдгъэцIыхуну щIыналъэр - нэ­мыцэхэмрэ урымхэмрэ я зэхуэдэ хэкуу къалытэ Трентэ-Альтэ-Адиджэ автономиер. ЗыгуэркIэ ди лъэпкъым епхауэ пIэрэ а щIыналъэм кIуэцIрыж Адиджэ, языныкъуэхэм къы­зэрапсэлъымкIэ, Адиге псыежэхым и цIэр? 

Италием кIыхьагъкIэ щыетIуанэ псыежэхщ Адиджэр. Шекспир и IэдакъэщIэкIхэмкIэ тцIыху, Ромеорэ Джульеттэрэ къыщыхъуа Веронэм кIуэцIрыж псышхуэщ. ЩIыналъэм и тхыдэм тепщIыхьмэ, а щIыпIэр ди эрэм ипэкIэ кельтхэм, е языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, эт­рускхэм тIысыпIэ яхуэхъуауэ щытащ. Европэм щекIуэкIа зауэхэм и ужькIэ гъунапкъэхэр зэрахъуэжым елъытауэ, зэм Австрием, зэм Италием Iэрыхьэурэ, Япэ дунейпсо зауэм и ужькIэ  иужьрейм къыхуэнэпащ псы­ежэхым зыщиубгъуа Трентэ-Альтэ-Адиджэр. 
 Мы псыежэхым щIыналъэр игъэщIэращIэ къудей мыхъуу, щIыпIэр псыкIи уэздыгъэ гъэсыныпхъэкIи къызэрегъэпэщ. Езыр Альпы къуршхэм къыщожьэри, Адриатикэ хым холъэдэж. Мыбдежым къалэшхуитIым я цIэхэр нэхъ къыщраIуэ: Трентэрэ Больцанэрэ. Трентэр урым къалэщ, Больцанэ нэмыцэхэр щынэхъыбэщ. ЩIыпIэм и цIэм къыхэщ «Трентинэ» цIэр латиныбзэм хуахь. «Альтэ Адиджэ» псалъэ зэпхам «Адиджэ псыежэхым и ипщэ Iы­хьэ» жиIэу къокI. 
Больцанэ къалэр ди эрэм ипэкIэ 63 гъэм щIыпIэр зыубыдауэ щыта урым император Октавиан Август и къуэм и цIэджэгъущ. А лъэхъэнэм Больцанэ щIыпIэр иджыри псыпцIэт, ущыпсэу мыхъуну, ауэ гъунапкъэхэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, къыкIэлъыкIуэу тепщэгъуэр зы­Iэрыхьа Клавдий Нерон Адиджэ, Исаркэ псыежэххэм я Iуфэхэм Iус жылэр и унафэм щIигъэувэри, плъырыпIэ щиухуауэ щытащ ­абдежым. 
Мы щIыпIэр зи дахагъым пасэрей лъэхъэ­нэхэм щыщIэдзауэ, гъущI къызыхащIыкI пкъахуэхэр къыщыщIах, абы и фIыгъэкIэ экономикэми фIыуэ зеужь. ЩIымахуэр зэрыщIыIэм, къуршхэм уэс Iув зэрытелъым и фIыгъэкIэ, Трентэ-Альтэ-Адиджэр альпинистхэм я кIуа­пIэщ. Езыр зэрыщыту бгылъэщ, псыхъуэ ­щхъуантIэхэм, гуэлхэм, Iуащхьэ зэмыфэгъу­хэм ягъэщIэращIэу. А псори туризмэм зиу­жьынымкIэ щхьэпэ мэхъу. 
НэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ жызум лIэужьыгъуэхэр щагъэкI мы щIыналъэм. Мы­Iэрысэр, шагъырыр, былымылыр, гъэшыр щыкуэдщ. Мы щIыпIэращ щыхахыр «Гранэ паданэ», «Азиагэ» кхъуей лIэужьыгъуэхэр. 
Австрием, Италием, Германием зэпаубыду къекIуэкIа Альтэ-Адиджэ автономием нэмы­цэхэри урымхэри хъарзынэу щызозэгъ, уеб­лэмэ щэнхабзэрэ пщэфIэкIэ IэзагъкIэ зэхъуа­жэу, щIыуэпс къызэрымыкIуэр зэгъусэу яхъу­мэу. ЦIыхубэм я процент 66-р урымыбзэкIэ мэпсалъэ, процент 33-м нэмыцэбзэр нэхъ къащ­тэ, проценти 4 хуэдизыр нэгъуэщIыбзэкIэ мэпсалъэ. БзэкIэ зэтемыхуэ щхьэкIэ, нэ­мы­цэхэри урымхэри я динкIэ чыристан католикщ. 2011 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIым тепщIыхь­мэ, мыбдежым щыпсэу цIыху бжыгъэр зы ме­луаным щIегъу. 
 Мы щIыпIэр Италием нэхъ щызекIуэгъуейхэм хеубыдэ, ауэ зэрыдахэм къыхэкIыу, шынэм куэд къигъэувыIэркъым. ЩIыналъэм епха IуэрыIуатэми цIыхугур абы ирешалIэ. Абыхэм язщ Контуринэ хъыджэбзым и хъыбарыр. 
 Контуринэ зи цIэ пщащэр и мылъхуанэм ипIырт, езым и пхъуитIыр и гъусэу. Ауэ хъы­джэбз зеиншэр и шыпхъуитIым нэхърэ нэхъ дахэт, абыхэм IущагъкIи ятекIуэрт. Контуринэ лъыхъухэр къыхузэпещэрти, езым ипхъухэр нэхъ пасэу иригъэшэн щхьэкIэ, и мылъхуанэм унафэ къыхуищIащ бзагуэрэ делэу фэ зытригъэуэну, езыми апхуэдэ хъыбар игъэIуащ. Ар сэбэп щымыхъум, анэнэпIэсым Контуринэ бгыщ­хьэм тет чэщанэм щIиубыдащ. Хъыджэбзым иджыри къелыну Iэмал иIэт, илъэсиблым и кIуэцIкIэ зыгуэрым фIыуэ къилъагъуу ишамэ. Ауэ хэтыт зигу къэкIынур пщащэ тхьэIу­худыр бгыщхьэм тет чэщанэм щIэсу? Арати, Контуринэ цIыкIур апхуэдэу гущIэгъуншэу ­къурш кIуэцIым икIуэдэжащ. Арагъэнщ бгым ихьэ псоми хъыджэбзым и макъ дахэр зэхахыу къащIыфIэщIыр. 
Трентинэ-Альтэ-Адиджэ деж щызэхэт ­къуршхэм «доломит» жыхуаIэ мывэ лIэужьыгъуэ защIэу зэтелъ гуэр яхэтщ, «бгы фэншэкIэ» еджэу. Абы и хъуреягъкIэ щекIуэкIа хуэдэу зэхалъхьа хъыбархэм пасэрей лъэпкъыжьхэр псори зыгуэркIэ зэщхьу зэрыщытам ухуешэ. Зи пIалъэ иджыри фIыуэ имыгъэунэхуа щIы­уэпсым, Уафэмрэ ЩIылъэмрэ щилъагъу къару мыцIыхухэм апхуэдэурэ къыщIэкIынщ ­цIы­хур зэресар. Дэ Iэдииху и Iэблэм нэху идзу зэ­рыщытам шэч къытетхьэркъым. Урым псы­сэм къыхэщыж Мазэ къыщхьэщих нурыр ап­хуэдизкIэ инти, и псэлъыхъум дэкIуэну арэзы хъуа пэтми, пащтыхьыкъуэр къыбгъэ­дыхьэфыртэкъым. 
Къуршым ис пащтыхьым и къуэрат Мазэр зэгуэкIуар. НыбжьыщIэхэм я гухэлъ зэтехуэри, я хьэгъуэлIыгъуэри дахат, ауэ хъыджэбзым и нурым щIалэр имылыпщIын, и нэр нэхум щIимысыкIын папщIэ, зэпэIэщIэу псэухэрт. Мэз кIыфIхэмрэ бгы фIыцIэ шынагъуэхэмрэ зигу кърамыгъэхьэ Мазэми зэризакъуэр къехьэ­лъэкIырт, и насыпым гузэгъэгъуэ къримыту. Арати, а къуршым гномхэр щыпсэууэ къы­щIокI, дэ испыкIэ дызэджэ цIыху лъэпкъы­гъуэм зыгуэркIэ ещхьу, нэщыпхъуэзехьэ къару ябгъэдэлъу. Уасэ папщIэу, гномхэм пащтыхьыкъуэм паубыдащ сытым дежи зрагъэгъусэну. Ар идэрэ и псалъэм тетыжмэ, Мазэмрэ езым­рэ зэгъусэ ящIыну къагъэгугъащ. ЩIалэр зыхуеиххэр арати, гномхэм Мазэм и нэхур зэ­хуахьэсри, абыкIэ бгы фIыцIэхэр ираIащ. ЩIалэм и нэхэм иджы нысащIэм къыхуэна нэхур яхуэшэчынути, щауэмрэ пщащэмрэ зы защIыну Iэмал ягъуэтащ. Къурш фIыцIэ шынагъуэ­хэм абы лъандэрэ «бгы фэншэкIэ» йоджэ. 
Тхыдэм и щыхьэт гъэщIэгъуэну Трентинэ къы­щагъуэтыжащ хьэдэмыфхэр (мумиехэр), гъущI щагъэткIу хьэкухэр, нэгъуэщIыпIэ щамылъэгъуа ухуэныгъэ къызэрымыкIуэхэр. А псом къегъэлъагъуэ мыбдежым цIыхур ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыпсэуар. Рим къэралыгъуэм ипэжкIэ, IV лIэщIыгъуэм щыхатIащ мыбдежым япэ бжэгъур. Урымхэм зи бзэри зи щэнхабзэри зрапх «раэти» этруск лъэпкъыр я лъабжьэу къалъытэ Трентинэ щыщхэм. 
Урым империер лъэлъэжа нэужь, мы щIына­лъэр бийхэр зэбгъэрыкIуэ гъунапкъэу щытти, япэу бавар лъэпкъым яубыдащ. Абыхэм къатехъукIыжа нэмыцэхэрщ Больцанэ щыпсэур. 
 А псори щIызэдгъэщIар «Адиджэ» фIэщыгъэр зыгуэркIэ ди лъэпкъым епхауэ пIэрэ жы­тIэри арат, сыту жыпIэмэ, тхыдэм къыхощыж Кърым хытIыгуныкъуэр зи жьауэм щIэта генуэз урым лъэпкъ къудамэм адыгэхэм пы­щIэ­ныгъэ зэрыхуаIар. Ауэ мыбдежым щIыпIэм и цIэр зэратх хьэрфхэр зэрымыщIэкIэ ди лъэп­къыцIэм техуа къудейуэ худогъэфащэ. И IукIэ-тхыкIэр нэ къудейкIэ едгъэщхьын фIэкIа, ­«Адиджэ» псыежэхым худиIуэхуIауэ къытфIэзыгъэщIын тегъэщIапIи зэкIэ дрихьэлIакъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 12:25

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ