Удзыр щIым къыхэзыш къарур телъыджэкъэ-тIэ? Я нэхъ гунэфри дихьэхынщ мыбыхэм я дахагъэм. Удз зыгъэкIыр езыр игукIэ, и псэкIэ дахэу щымытамэ, мыпхуэдиз дахагъэ дунейм трихьэу псэуфын щыIэнт?! Удз гъэгъахэр зыгъэкI куэд диIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым. ФэдгъэцIыхуну дыхуейт Аушыджэр щыщ зы щIалэ.
Голландием къраш тюльпаным дуней псор зэриуфэбгъурэ куэд щIами, яфIэщIэщыгъуэу, яфIэфIу ягъэкI цIыхухэм, и лIэужьыгъуэ бжыгъэм хагъэхъуэным щIэхъуэпсу. Уеблэмэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхубзу исым я махуэм яхурикъун тюльпан езы республикэм егъэкIыж, нэгъуэщI щIыпIэ кърамышу. Аушыджэр къудей унагъуэ 20-м щIигъу дэсщ, тюльпан къэгъэкIыныр лэжьыгъэ яхуэхъуауэ. Псалъэм папщIэ, Хъарзынэхэ Мурат. Илъэс етхуанэ мэхъу ар Iуэху зэрищIри, фIыуэ хэгъуэзауэ жыпIэфынущ.
- Ди адэ-анэм ягъэкIыу щытащ нэхъапэми. Арати, сэри хуэмурэ сигу ирихьри, абы зестыжащ. Пэжщ, ди щIыналъэм и дуней щытыкIэм куэд елъытащи, узэрыхуейм хуэдэу пхуэгъэкIкъым. Хэпсам лъабжьэ щищIым деж, нэхъыбэ дыдэу градуси 9 иIыгъын хуейуэ аращ щIым. Ауэ, зэрыжысIащи, Iуэху тыншкъым ар, тюльпаным и хэку дыдэмрэ ди щIыналъэмрэ я щIыуэпсыр зэрызэхуэмыдэм къыхэкIыу.
- Сабий цIынэм хуэдэу укъыщхьэщымыкIыу къэгъэкIын хуейщ-тIэ а зи гугъу пщIыр?!
- Пэжщ. Жэщи махуи пфIахь!
- Мыр зыхэт щIыр сыт хуэдэ?
- ЩIым и закъуэ хэпсэкIэ хъукъым. Пшахъуэ тIэкIуи хыбогъэзэрыхь, щIыр нэхъ бэуэн, жьы нэхъ хыхьэн щхьэкIэ. Хэпса иужь температурэр ебгъэIыгъын хуейщ, иумыгъэIыгъмэ, лъабжьэ тэмэму ищIынукъым. Лъабжьэ имыщIмэ, езыр къэкIкъым.
- Соплъри, щIым нэхърэ пшахъуэу хэлъыр нэхъыбэ къысфIощI. Мы удз гъэгъар къыдэкIуейуэ, щхьэ къищIу, гъэгъа тэмэм къыпыкIэн щхьэкIэ щIыгъэпшэр гуэрхэр хэплъхьэу къыщIэкIынщ?!
- Дауи, псы къуэдейкIэ зэфIэкIыркъым. Щхьэ къищIын, тхьэмпэхэр лалэ, и плъыфэр фагъуэ мыхъун щхьэкIэ зыгуэр иумыхьэлIэу хъурэ?! Сесащи, удзхэм зыгуэр къефыкIмэ, занщIэу гу лъызотэ. Ар Налшык сохьри, анализ изогъэщI. Анализым зыхуэныкъуэр къегъэлъагъуэ: кальций, калий, хьэмэрэ фосфор?! Абы теухуауэ щIыгъэпшэрхэмрэ хущхъуэхэмрэ изохьэлIэ, армыхъумэ, уигу къихьэху узыхуей дыдэр пхьырэ тепкIэмэ, зэрыщыту зэтегъуэжынущ.
- Сыт хуэдэ узыфэхэр нэхъ хуэлъэ тюльпаным?
- ХьэпIацIи йоуэ. Лъабжьэр щIэзышхыкIи щыIэщ, щхьэкIэм пищIэм къищынэмыщIауэ. ЗиIуантIэу зызэIуимыхыу, Iисраф мэхъу апхуэдэхэм деж: хьэпIацIэм жылэр ешх, и псыр щIефыкI. ХьэпIацIэ зэуагъащIэр къыпхуегъэлынущ, ауэ и чэзум къэплъагъун хуейщ ар. ГъэщIэгъуэнракъэ, а хьэпIацIэр пхуэгъэлIэнукъым. АтIэ, ар бгъашхэурэ уи тюльпаныр къебгъэлынуращ. Абы къищынэмыщIауэ, псыIагъэ имыIыгъмэ, кунэф къыхокI. Ар дауэ жыпIэмэ, тхьэмпэр къэкIынущ, ауэ щхьэ къищIынукъым. Е, и щхьэр къыщыдэжым деж, патхьэлыкIам ещхьу къелIыхыжынущ.
- Си щхьэкIэ, цIыхубзхэм я махуэм мыбыхэм языхэз къысIэрыхьэмэ, нэхъыбэрэ зэрыщызгъэлъын Iуэху зесхуэнущ. Ар къызэхъулIэн щхьэкIэ сыт сщIэн хуейр, Мурат?
- Псом япэ, ар зэлъытар тюльпаныр къызэрырахьэлIэж щIыкIэрщ. КъищынэмыщIауэ, дыгъэ тепсэмэ, занщIэу зызэIуех тюльпаным. Ар куэдрэ щылъыжынукъым. Хэти нэхъ ину, дахэу къызэIукIауэ, зызэIуихауэ фIэфIщ. Ауэ, къызэIумыкIаращ нэхъ щылъынур. Дауэ мыхъуами, пэш хуабэм куэдрэ щыпIыгъыфынукъым. КъызэIукIар тхьэмахуэ, къызэIумыкIар тхьэмахуитIи щытыфынущ. Лъахъц щIэту зыщэ куэд щыIэщ, къызэрыхачам хуэдэ дыдэу. Апхуэдэхэр хэпсэж хъунущ. Зы илъэс дэкIмэ, къыботIыж, уогъэгъущ, уогъэкъабзэри, етIуанэ илъэсым хыбосэж. Ар аргуэру къыботIыжри, мис итIанэщ жылэ щыхъур. Хуабэщым щIэтар щIыбым пхьыуэ зэрыхэпсэу, етIуанэ илъэсым къэгъэгъэнукъым. Тхьэмпэхэр къыдэкIынущ дахэ дыдэу. Ауэ щхьэ къищIынукъым. Аращ илъэс къэс жылэ къэтщэхун хуей щIэхъур. Зыхуей хуэзэ закъуэмэ, пIалъэ кIэщIкIэ къызэфIоувэ тюльпаныр. Хуабэщым щызыгъэкIхэм тюльпаным и зэфIэувэгъуэр цIыхубзхэм я махуэ лъапIэм ирырагъэхьэлIэ. Жылэ хасар къикIыкIыу, къуэпсыр къыдэкIрэ, щхьэ пищIэжыным мазищ-мазиплIщ текIуадэр. Ауэ а мазэ бжыгъэм къриубыдэу цIыхухэм лэжьыгъэу ягъэхъейр къэлъытэгъуейщ. УтеплъэкъукIынкIэ Iэмал имыIэу, уи нэIэ тегъэтыпхъэщ. Дахэ псоми хуэдэу, тюльпанхэми загъэщIэгъуэн яфIэфIщ.
- Уи тюльпанхэм сыт хуэдэпс щIэбгъэлъадэр, Мурат?
- Градуси 5 - 7 зи хуэбагъ псыщ нэхъ яфIэфIыр. Абы нэхърэ нэхъ лъагэм псынщIэу зрегъэтIэпIыкI. КрантIым къидгъэжа псы къабзэр сыхьэт 24 - 48-кIэ щыдогъэтри, итIанэщ щыщIэткIэр. Ар вэгъзэгъщ. Ауэ крантIым къибгъэжа къудейр занщIэу щIэпкIэмэ, удзыр мыкIыжу къызэтеувыIэнущ. ИтIанэ, и щхьэфэр гъущащ жыпIэу псы щIэпкIэ хъунукъым, и лъабжьэми уеплъын хуейщ. ЩIым IэпэкIэ ухоIэбэри, и лъабжьэр гъущарэ-мыгъущарэ уоплъ япэщIыкIэ.
- Къарууэ тебгъэкIуадэм пэкIуэжрэ къыщIэпх ахъшэр?
- Хъарзынэу ахъшэфIи къыпокIуэ. Абы и закъуэ, уигу хэхъуэуи уогъэкI. Илъэс къэсыху щIэщыгъуэ гуэрхэр къыбощIэ, лIэужьыгъуэщIэхэри къыхохьэ.
- Уи щIэныгъэр хэбгъэхъуэн мурадкIэ узэчэнджэщ щыIэ?
- Уи закъуэкIэ упэлъэщынукъым, пэжу гу лъыптащ абы. Сэ нэхърэ нэхъыфIу хэзыщIыкI Iэджэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, КIуэкIуэхэ Жаннэ IэкIуэлъакIуэ хуэхъуащ. Абы и деж сокIуэри сочэнджэщ. ЦIыхум хуабжьу сэбэп яхуохъу ар. ЩыщIэздзагъащIэм си благъэхэм, цIыхугъэхэм сеупщIырт е жылэр къызэзыщэм сечэнджэщырт. КъищынэмыщIауэ, иджыпсту псори интернетым илъщи, нэхъ тынш хъуащ.
- Уэ езым бэзэрым щыпщэрэ, унагъуэм къакIуэурэ дашым къищынэмыщIа?
- СфIэфIщ бэзэрым сытетын. Уи гур хохъуэ а уэ езым бгъэкIам цIыхур къызэрыщIэупщIэр щыплъагъум деж.
И лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэтыр занщIэу уи нэм къыфIонэ. Апхуэдэщ Мурати. И къэкIыгъэхэм зэреплъ къудейм къегъэлъагъуэ и Iэужьым и псэр зэригъэгуфIэр.
Мурат зэрыжиIэмкIэ, къэкIыгъэхэм яфIэфIщ уепсэлъэныр, макъамэ дахэ къахуебгъэуэныр. Ар хуэIэзэщ тюльпан гъэкIыным, абы и закъуэкъым. «Тюльпанхэр икIмэ, помидорым иужь сихьэнущ», – жеIэ.
Хъуэжэ Гуащэнэ.