Зеикъуэ и тхыдэ- щэнхабзэ фэеплъхэр

Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщежьэ Бахъсэныжьыр Iэуэлъауэу йожэхри, пхрож Зеикъуэ. Абы лъандэрэ псым и Iэгъуэблагъэм зихъуэж зэпыту къокIуэкI. Мы псыр псалъэу щытатэмэ, ­къекIуэкIа псом IуэрыIуатэ и закъуэ мы­хъуу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ куэдым щыхьэт техъуэфыну къыщIэкIынт. Дауи, мыбы гъэщIэгъуэну дэлъар мымащIэ, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ цIыхухэр щисакIэ мы щIыналъэм.

Зеикъуэ фIэщыгъэр къуажэцIэ зэры­хъужрэ куэд щIакъым. Илъэсищэм щхьэдэха къудейщ. Абы ипэ къихуэу мы Iэхэлъахэм щызэбгрыпхъауэ бгыщхьэм исащ Думэныкъуейр, Хьэмгъурокъуейр, Къэзано­къуейр, Бжьахъуэкъуейр, Борейр, Хьэтыкъуейр, Пщы­цIыкIуейр. Ахэр псори ХьэтIохъущо­къуэп­щым и жылэт. Бгылъэ защIэкIэ ущызекIуэ мэхъу мы щIыпIэм, псынэр щыгъу­нэжщ. ­Къуажэзэхуэхус нэужьым, бгылъэм къра­гъэкI­ри, псыхъуэм дагъэтIысхьащ цIыху­хэр. Зейр гъунэжу къыщыкI къуэхэм язым и цIэр - Зеикъуэр, жылэцIэу иратыжащ абыхэм. 
Зэпымыууэ мы Iэхэлъахэм цIыху сыт щы­гъуи зэрисам и щыхьэт нэсщ къуажэм узэры­дэкIыу шытх ирикIуэм ижьырабгъукIэ къытет Иныжьыкхъэр. Апхуэдэущ ар къуажэдэсхэм зэрацIыхур. Ауэ археологхэм «Зеикъуэ ещанэ» жаIэ къуажэм и щIы кIапэ илъ кхъэхалъэхэм я бжыгъэм теухуауэ. 2014 гъэ лъандэрэ археолог гуп щолажьэ Иныжьыкхъэм – ТхыдэмкIэ Москва дэт къэрал музейм и лэ­жьакIуэхэмрэ ди Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьакIуэхэмрэ зэщIыгъуу. Нобэр къыздэс­ми ядж. Зэраджам теухуауи наIуэ къащIащ мы кхъэхалъэм илъэс 2700-рэ зэриныбжьыр, а лъэхъэнэм къриубыдэуи мыбдеж щэнхабзэ зэхуэмыдэхэр зэрыщызэблэкIар.
Ахэр 1954 гъэм утыку къизыхьауэ щытар ­  ди институтым щылэжьа грек щIалэщ - Акритас Пан. «200-м нэс кхъэуэ итщ мы щIыпIэм. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэрыщыту ­яхъу­н­щIащ» - жиIэри, и къэхутэныгъэхэм триха сурэтхэр щыхьэту къигъэувауэ щытащ абы. 
Куэд щIауэ яхъунщIэ кхъэхалъэщ мыр, къы­зэрыщIэкIымкIэ. Нобэр къыздэсми яхуэ­мыух! ЛъапIэу ибгъэкI хъун гуэр къалъыхъуэ хъунщIакIуэхэм. Уасэ гуэр зимыIэхэм зыкIи елIалIэркъым. Псалъэ папщIэ, къупщ­хьэ­хэм…
Археологхэм къатIэщI псори ядж. Яджа нэужьи къупщхьэхэр зэгъэзэхуэжауэ къызды­щIахам щыщIалъхьэж. ЦIыху хьэдэ­къуп­щхьэм къыдэкIуэу, языныкъуэ кхъэлэ­гъунэ­хэм я ихьэпIэм деж шы къупщхьэхэри къыщагъуэт. ИхьэпIэм мывэ Iуагъэувар къы­зэ­рыIуахыу, япэу шыр, адэкIэ ар зеяр, хьэп­шып зэмылIыужьыгъуэхэри и гъусэу щIалъ­хьэрт. 
Археологхэм къатIэщIа хьэпшыпхэр ТхыдэмкIэ Москва дэт къэрал музейм и хъу­мапIэм яшащ. Эрмитажым ирагъэхьаи щы­Iэщ. Домбеякъым, гъущIым, ятIагъуэ гъэ­жьам къыхэщIыкIа хьэпшыпщ нэхъыбэу къы­щIахар. Ауэ дыщэми обсидиан мывэми къыхэщIыкIа къыщагъуэтаи щыIэщ. ЩIым нэхъ щIэкIуэдар гъущIырщ: фIэIурышэр зэрылъэIэсу мэлъалъэ. Нэхъ къызэтенэр – ятIагъуэ гъэжьам къыхэщIыкIахэрщ.
Пшахъуалъэщ Иныжьыкхъэ щыгур. Шытх екIуэкIыр зэрыщыту апхуэдэщ. Къапщтэмэ, археологхэм я закъуэ мыхъуу геологхэми, палеонтологхэми, орнитологхэми гъэщIэгъуэн ящыхъун щIыпIэщ мыр. Хуабжьу жьы щызопщэ мыбдей, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, Иныжьыкхъэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр бзу гъуэлъхьапIэщ. Пшахъуалъэм къыхаIущIыкIа абгъуэхэр щыхупIэ задэм кIэрытщ. 
Гухэхъуэщ щыгум уитыныр. Дунейри мамырщ. Ауэ апхуэдэу сыт щыгъуи щытакъым мыбдеж, археологхэм зэрыжаIэмкIэ. Ины­жьыкхъэ щыгум и нэзым и щIыкIэр абы и щыхьэтщ. ЗэрыIэрыщIри гурыIуэгъуэ дыдэщ. Кобан культурэр къэзыгъэщIа лъэпкъхэм яIа псэукIэм и щыхьэт нэсщ мы щIыпIэм и щIыкIэр. Лъэпкъ Iэпхъуэшапхъуэтэкъым а­хэр. ПсэупIэу къыхахри езы щIыуэпсым быда­пIэ папщIэу ищIа щIыпIэт, екIуэлIапIэ имыIэу. Пэнтх дыдэм и закъуэтэкъым я тIысы­пIэри… Абы къыпылъ щIы кIапэри псэу­пIэт. Я лIахэри гъунэгъуу щIалъхьэжт. 
Бахъсэнрэ Гундэлэнрэ я зэхэлъэдапIэм и Iэгъуэблагъэм къилъ щIым, Сыжажэхэ я чэтыжькIэ зэджэм, мыхьэнэшхуэ иIэщ. Тхыдэ и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэн пщыхъун куэд илъщ мыбдежи. Иныжьыкхъэ щыгум укъиту укъеплъыхмэ, уолъагъу Iуащхьэ бын - ди япэ итахэм я зэгъэжыпIэр. Иныжьыкхъэм елъытауэ, мыхэр фIыуэ нэхъ кIасэщ. Я бжыгъэкIи куэд дыдэ мэхъу, Iуащхьэр зыхузэтратхъуам елъытауи я инагъкIэ зэщхьэщокI. 
Ноби Iуащхьэхэр хуэм-хуэмурэ Iуах, ямыдж щIыкIэ. И щхьэм телъ мывэхэр къытрадзри, щIым щыщ ящIыж. А щIыпIэм илъ мывэхэр абы и щыхьэтщ. НэхъапэIуэкIэ мин бжыгъэ хъууэ щытауэ ятхыж мыхэр. Къыхэгъэщыпхъэщи, Iуащхьэхэр я лъагагъ теухуауэ зэхуэ­мыдэ щхьэкIэ, я щIыкIэр зэщхьщ. 
Iуащхьэ быным е ЦIэимыIуэ IуащхьэкIэ зэ­джэ­хэм къадэкIуэу, Бахъсэныжьрэ Гундэ­лэнрэ я зэхэлъэдапIэ Iэгъуэблагъэм итщ сынитI, уауэ зыи щылъщ, щIым хокIуэдэжри. Зы зэман иджыри зыгуэрхэр зэритар нэры­лъагъущ щIым пIэ къинамкIэ. Абы щыхьэт тохъуэ Урысейм къулыкъу щызыщIа нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр итхыжахэр. Абы къыхигъэщат кхъузанэкхъэ щIыныр адыгэ­хэм я хабзэу зэрыщымытар, ауэ абы щIэлъхэр зэры­адыгэр. Кхъащхьэ сынхэр ибжакъым, куэд зэрыхъур къыхигъэща мыхъумэ. Зи блынджабэхэр хуабжьу Iув чэщанэхэр зэритари етх, лъэбакъуэ 20-м я кум дэлъу. ЩIы­хьэпIэр щхьэгъубжэ папщIэу къищIы­кIат, щхьэгъубжащхьэр плъыжьу иIэжауэ. Зэман зэримы­Iам къыхэкIыуи я сурэтхэр ищIакъым. ИужькIэ Урысейм щылэжьа нэмыцэ сурэ­тыщI Гейслер Кристиан ХьэтIохъущокъуэхэ я кхъэжьым (Пщыжьыкхъэуи йоджэ) и сурэт ищIыжащ. Илъэс 70 дэкIри - 1867 гъэм - ар­хеолог Нарышкин Николай илъэгъуа псори щитхыжыгъа лэжьыгъэм къыщыхигъэщащ мы щIыпIэм кхъащхьэ сын куэд зэритар, зи щхьэгъубжэхэр къаблэмэмкIэ гъэза чэщанэхэри щIы­гъуу. Абыхэм я щхьэкIэ хьэ­рыпыбзэкIэ тетхауэ тетащ XVIII лIэщIыгъуэм икухэм зэращIар. Я бжыгъэкIи тIощIым но­б­лагъэ, сынхэр хэмытыххэу. Археологие и лIэ­ныкъуэкIэ зыри гъэщIэгъуэнагъ зэрыхимы­лъагъуэм къыхэ­кIыу, сурэт трихын хуейуи ­къилъытэхакъым. Илъэс 20 дэкIри, архелог Долбежев Василий тригъэзащ а щIыпIэм. КъуапиплI чэщанэм хьэрып гъэ бжыгъэм тещIыхьауэ тетащ 1122 гъэм зэращIар. Ар ди нобэрей илъэс къэбжыкIэкIэ 1710 гъэм хуокIуэ. А гъэ дыдэм ящIауэ, ауэ ныкъуэкъутэу иджыри чэщанэ зыбжанэ щытащ. Абыхэм язым 1211 гъэр къытощ – ди нобэрей илъэс къэбжыкIэмкIэ - 1796 гъэ. Дэтхэнэ чэщанэми тедзауэ тетащ хьэрыпыб­зэ­кIэ тхыгъэ гуэр, зэхэпхыжынкIэ ­Iэмал имы­Iэу.
1928 гъэм Зеикъуэ къагъэкIуэгъауэ щыта археолог Ермоленкэ М. И. - чэщанэхэм кърихьэлIэжакъым. ХьэрыпыбзэкIэ зыгуэрхэр зытетха кхъащхьэ сынхэм фIэкIа а зэманым мы щIыпIэм къинэжаIатэкъым.
Ди щIы кIапэ къихьа археологыу хъуам «мобдей мор щытщ, мыбдей мыр щыIэщ» - жаIэу, ялъагъур ятхыжа мыхъумэ, сыт и щхьэусыгъуэми, еувалIэу нэсу яджа щIагъуэ щыIэкъым. Яджын хуейуэ апхуэдэ къалэн я пщэ къыщыдэхуари блэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэрщ – профессор Миллер я пашэу, Бытырбыху ЩIэныгъэмкIэ и академием и лэжьакIуэ зыбжанэ щыIащ ди республикэм. Апхуэдэу Анисимов Сергей 1929 гъэм тетхы­хьыжащ ХьэтIохъущокъуэхэ я щIапIэжьым къинэжахэм. Абы иджыри и гугъу ещI но­бэрей Гундэлэным и Iэгъуэблагъэм ита Къэзанокъуэ Жэбагъы и кхъащхьэ сыным, ар абдеж ирахыу Налшык зэрахьам. Ноби «Псэ жыг» фэеплъым ибгъукIэ къыщытщ Къэзанокъуэ Жэбагъырэ абы и щхьэгъусэмрэ я кхъащхьэ сынхэр. Сыным тетщ: «Мыр зейр дунейм ехыжа Хьэжы Жэбагъы Къэзано­къуэщ. Алыхьым и нэфIыр тIуми къащыхуэ. ФатIихьэм тIуми факъыхуеджэ. 1163 гъэ». Нобэ дызытет гъэ къэбжыкIэмкIэ 1749 - 1750 гъэхэм яку иту. Сыным ибгъукIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и лъэпкъ дамыгъэр тетщ. 
Сыныр къыздраша щIыпIэм зэреджэр Къэзанокъуейщ – Жэбагъы щыпсэуарщ. Бахъсэнрэ Гундэлэнрэ я зэхэхуапIэм и сэмэгурабгъуу къыщыт бгы хужьым и щхьэкIэ къыщыIэ щIыр хеубыдэ. 
Хъумэн хуейуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ щIэинхэм хабжэу Урысей Федерацэм и къэрал реестрым храгъэубыда фэ­еплъхэм щыщщ археологие и лъэныкъуэкIэ зи гугъу тщIа псори. ГъэщIэгъуэнракъэ, гу зэры­лъыфтащи, абы къигъэувыIи щыIэкъым. Зи гугъу тщIар ди блэкIар зэдыдджы­жыну диIэхэм я зы IыхьэфIщ. Дымы­хъумэмэ, дымыджмэ, абыхэм ящIыгъуу ди тхыдэм и Iыхьэ доху. 

Шурдым  Гуащэнэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.