Къумал Заурбэч: ЩIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэр уи нэкIэ плъэгъун хуейщ

Ди зэманым хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я мыхьэнэр зэрыиныр хэт и дежкIи гу­рыIуэгъуэщ, абы къищтэ законхэмрэ и пщэрылъхэр зэ­ригъэзащIэмрэ щIыналъэм и псэукIэр ефIэкIуа зэры­хъунур зыкъомкIэ елъытащи. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Парламентым гъуэ­гуанэфI зэпичащ икIи илъэс 30-м къриубыдэу зыужьы­ныгъэ игъуэтащ.
Нобэ абы и IуэхущIафэ­хэмрэ зыхуигъэувыж къа­лэнхэмрэ тыдогъэпсэлъыхь ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зе­гъэужьынымрэ хъыбар­-е­гъащIэ политикэмкIэ и ко­митетым и унафэщI Къумал Заурбэч. 

- Заурбэч, уэ КъБР-м и Парла­ментым и еплIанэ, етхуа­нэ, еханэ зэхыхьэгъуэ­хэм урадепутатщ. Ди щIэ­джы­­кIакIуэхэм нэхъ гъу­нэ­гъуу укъедгъэцIыхуну ды­хуейт. Депутат ухъун и пэ, сыт хуэдэ ­гъуэгуанэ къэп­кIуа? Сыт хуэдэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэта? 
- Сыкъыщыхъуар Аруан рай­оным хыхьэ Урыху къуа­жэрщ.  IэщIагъэкIэ сыхи­микщ, ди Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет- ращ къэзухар. Сыкъыщалъхуа къуа­жэм и консерв заводым лэ­жьакIуэ къызэрыгуэкIыу къы­щыщIэздзауэ   щытащ, абы и ужь хьэрычэт Iуэхуми сыхэпщIэри, IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэ куэд зэс­хъуэ­кIащ. Къапщтэмэ, си IэщIа­гъэр депутат лэжьыгъэм пэжыжьэу щытми, псом япэу сызэгупсысар сэбэп сызэрыхъун, республикэм и экономикэм зы­хузэ­фIэкIхэм мылъку къы­хегъэлъхьэн Iуэхур зэре­фIэ­кIуэну  Iэмал  гуэрхэрат. А зэ­маным ирихьэлIэу, сэ езыми проект згъэхьэзырауэ сиIэт, пхъэщхьэмыщхьэхэм къы­­хащIыкI сабий шхыны­гъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къыщыщIэгъэкIыныр зэтеублэным теухуауэ. Абы щхьэкIэ къэпщытэныгъэхэр езгъэкIуэкIри, щIы гектар ­60-м пхъэщхьэмыщхьэ лIэу­жьыгъуэхэр щыхэссат, жы­зумыр - щIы гектар 50-м щIигъум. Iуэхум къыхэслъытат ­Iэ­щIагъэлIхэр Италием щегъэджэн, хамэ къэрал Iэмэп­­сымэхэр къэшэн зэры­хуейр, нэгъуэщI куэди. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, проектым делэжьыху, долларым зэуэ хуэдитIкIэ хэхъуэри (зы долларым сом 31 - 32-рэ пэ­кIуэу щытамэ, сом 62 - 64-м нэсат), къэдгъэнэжын хуей ­хъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы елэжьын щыщIэздзам щыгъуэ, ар гъэзэщIа хъуным сом мелуан 550-рэ текIуэдэ- ну арат, иджыпсту Iуэхум и ужь уихьэмэ, сом меларди 2-м нэс ухуеинущ. 
Депутат лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, шэч хэмылъу, абы занщIэу сыхэпщIащ. Хаб­зэубзыху IуэхущIапIэм ­мылъку бгъэдэмылъми, мыбдеж Iэмал щыдиIэщ щIыналъэм, цIыхухэм я гугъуехьхэм я хэкIыпIэхэр къэдгъуэту щIэгъэкъуэн дазэрыхуэхъунум  ди гуащIэ хэтлъхьэну. Респуб­ликэм сыт хуэдэ Iуэху къы­щы­зэрагъэпэщми, дыздрагъэб­лагъэ псоми зэрыхъукIэ ­сокIуэ, щIыналъэм щекIуэкI ­лэ­жьыгъэр уи нэкIэ зэб­­гъэлъэгъун зэрыхуейм тызо­щIыхьри.
- УзиунафэщI комитетым   и лэжьыгъэм лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абы­хэм ехьэлIауэ фызэлэжьа сыт хуэдэ хабзэхэр къыхэбгъэщынт?
- Ди комитетым и нэIэм ­щIэ­ту республикэм къыщащта хабзэ зыбжанэ къыхэзгъэщынщ. Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ республикэм иIэщ «Щэнхабзэм теухуауэ», «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэм (тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэм) я IуэхукIэ» законхэр. Жылагъуэм дэлэжьэным хуэгъэзащ «КъБР-м щыIэ жылагъуэ къэпщытэныгъэм теухуауэ», «КъБР-м хьэрычэт къегъэщIыным пымыщIа Iуэ­хущIапIэу иIэм къэралым зэрызащIигъакъуэм ехьэ­лIауэ», «КъБР-м и Жылагъуэ палатэм теухуауэ» законхэр. Республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр Урысей Федерацэм и хабзэм тету мэлажьэ.
- Мы зэманым сытым фе­лэ­жьрэ? Сыт хуэдэ гу­гъуехь щыIэ абыхэм япыщIауэ?
- ХабзэщIэхэр къэщтэныр, щы­Iэхэр егъэфIэкIуэныр зэ­пы­­­мыууэ узэлэжьыпхъэ Iуэ­хущ. Иджыпсту ди комитетыр хоп­лъэ «КъБР-м и Жылагъуэ палатэм теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и Iыхьэ ­27-м зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъ­хьэ­ным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. Ар зы­теу­хуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ кIэлъып­лъакIуэ   комиссэм хэтхэм я пщэ­рылъхэр гъэбелджы­лы­нырщ. 
Ди лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэтщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек 2023 гъэм мэ­лы­жьыхьым и 20-м респуб­ли-кэм и хабзэубзыху орган­ нэхъыщхьэм Зэрызыхуи­гъэ­­-  зам къыщыгъэлъэгъуахэр ­зэ­­рыдгъэзэщIэнырщ. Ре­спуб­ликэм и Iэтащхьэм дэф­тэ­-рым къызэрыщыхигъэщащи, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, дин зэхущы­тыкIэхэр егъэфIэкIуэн и лъэ­ныкъуэкIэ щэнхабзэм къалэ­нышхуэ егъэзащIэ. Абы ­къы­хэкIыу лъэпкъхэм я анэ­дэлъхубзэр, хабзэхэр хъумэ­нымрэ зегъэужьнымрэ ди ­къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Апхуэдэу ди коми­тетым мы гъэм иригъэкIуэкIа Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, псалъэм папщIэ, накъыгъэ ма­зэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъ­хьащ «Щэнхабзэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 28, 36-хэм. КъищынэмыщIауэ, «Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр цIыхубэм я гупсысэм и лъабжьэу» зыфIэтща «стIол хъурейр» едгъэкIуэкIащ. 
МыдэкIэ КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу лэжьыгъэ куэд зэфIэдгъэкIыну ди мурадщ. Псалъэм папщIэ, дыгъэгъазэ мазэм ди Комитетым РАН-м     и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­ныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр и гъусэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал универси­тетым щригъэкIуэкIынущ «Пар­ламентаризмэр зэры­зэ­фIэу­вамрэ абы и нобэрей лэжьыгъэмрэ» щIыналъэ щIэныгъэ конференцыр. 
Гугъуехьхэм я гугъу пщIымэ… Сыт хуэдэ лэжьыгъи къащти, лъэпощхьэпо зы­хэмылъ щыIэкъым. Нэхъыщ­хьэр абыхэм я хэкIыпIэр къэбгъуэтыфу, гугъуехьхэр къы­зэб­нэкIынырщ.
- Щэнхабзэм лъэпкъыр ехъумэ, нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщри аращ. Сыт нобэ тхуэщIэнур абы зедгъэу­жьыным теухуауэ?
- Пэжыр жытIэнщи, къэрал бюджетым и Iыхьэ нэхъыщ­хьэхэм къадэхуэр зылъыс­- хэм щэнхабзэр зэращыщым ­гу­гъуехь къимыгъэщIу къа­нэр­къым. Абы щыгъуэми, щэнхабзэмкIэ къэралым зы­хуи­гъэувыж къалэнхэр, ­УФ-м и Президент Путин В. В. и УнафэкIэ щIигъэбыдахэр, щы­Iэщ. Аращ лэжьыгъэр зытещIыхьауэ щытыпхъэри.
НэгъуэщI лъэныкъуэкIи ­дыкъевгъэплъыт мы Iуэхум. Сыт дэтхэнэ зыми тхуэщIэ- нур щэнхабзэм папщIэ?! Дауэ езы цIыхур зэрыхущытыр щэн­хабзэмрэ абы епха ­гу­гъуехьхэмрэ?! Арэзы фыкъыздэхъуну къыщIэкIынщ мы IуэхумкIэ цIыхухэм жы­джэрагъ зэрадомылъагъур жысIэмэ. Ди театрхэм я пэшхэм цIыхур щIэз хъурэ? Музейхэм, гъэлъэгъуэныгъэ­хэм, нэгъуэщI щэнхабзэ Iуэ­хухэм сыт хуэдиз екIуалIэр? 
АтIэ, къыхэзгъэщыну сы-х­уейт иужьрей зэманым ди республикэм и щэнхабзэ Iуэ­хухэр куэдкIэ зэрыкIуэтар. ­Ды­зэрыт илъэсым и жэпуэ­гъуэ мазэм и закъуэ къэсщ­тэнщи, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ екIуэкIащ. Псалъэм папщIэ, Художест­вэхэмкIэ Урысей академием Налшык къыщызэригъэпэ-ща щIэныгъэ, егъэ­джэ­ныгъэ зэхыхьэшхуэр (Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр къекIуэ­лIауэ) сыт и уасэт?! 
КсилографиемкIэ Красноярск еджапIэ къыщызэзыгъэ­пэща Пащты Герман и лэжьыгъэхэм дыхэплъэну Iэмал зэрыщыIари фIыгъуэшхуэщ. Ар щIыжысIэращи, щэнхабзэ Iуэхухэм зэман къахуэбгъуэ­тыфын хуейщ Iэмал зэриIэ-кIэ. Псом хуэмыдэу щIалэ­гъуа­лэр къызэщIегъэубыдапхъэщ а лэжьыгъэм. Хэт ищIэрэ, езыри зыгуэрым дихьэхыныр хэлъщ. ЩIэныгъэр куэд щIауэ щыхьэт зытехъуа­ращи, IэпщIэлъапщIагъэм зрегъэужь сабийм и акъы-лым, Iущагъым хегъахъуэ, цIыху­хэм яхэтыфу, утыку ихьэфу егъасэ. Къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, ма­къамэ Iэмэпсымэхэм еуэм есэпымкIэ и къэухьми зеужь. Апхуэдэ щIэныгъэ гуэр зэзыгъэгъуэта сабийр сыт щыгъуи ехьэехуэфынущ и хьэрхуэрэгъухэм. 
- ХэхакIуэхэм фаIущIэрэ? Сыт хуэдэ IуэхухэмкIэ цIыху­хэм зыкъыфхуагъазэрэ?
- Депутатым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ ­хэхакIуэхэм яхуэзэныр, абы­хэм я гуныкъуэгъуэ, гугъуехь зригъащIэу, ядэIэпыкъуныр. Дэ абыхэм даIуощIэ, къыт­хуагъэхь тхыгъэхэм дыхоп-лъэ. ЦIыхухэм зыкъызэрыт­хуагъазэр куэд мэхъу, дауи: ахъшэкIэ щIэгъэкъуэн яхуэ­хъуным теухуауэ зэрылъаIуэм щегъэжьауэ, псалъэм папщIэ, муниципальнэ райо-ным фэеплъ щыгъэувыным епха Iуэхухэм щыщIэкIыжу. 
- КъБР-м и Парламентыр мы гъэм илъэс 30 зэрыри­къум теухуауэ лэжьыгъэш­хуэ йокIуэкI. Абыхэм щыщ гуэр­х­эм укъытхутепсэ­лъы­хьамэ арат.
- КъБР-м и Парламентым и депутатхэр сыт щыгъуи ху­щIокъу республикэм, къэралым я махуэшхуэхэм, гуфIэгъуэ Iуэху псоми хэтыну, абы­хэм ехьэлIауэ лэжьыгъэ гуэр пщэрылъ зыщащIыжыну. Иджыпсту мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху и ужь дитщ - КъБР-м и Парламентым и илъэс 30-р зэрыдгъэлъэпIэным. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ езым и нэ-Iэм щIэту хабзэубзыху IуэхущIапIэм и гъуэгуанэм теухуа тхылъ догъэхьэзыр. Къищы­нэмыщIауэ, «КъБР-м и Парламентыр илъэс 30 ирокъу» зытетха дамыгъэхэр къыдэдгъэкIынущ.
Депутатхэм щIалэгъуалэр къыдогъэблагъэ, абыхэми да­IуощIэ. Махуэшхуэхэм техуэу паспорт мыбдеж щадот фIыуэ еджэ ныбжьыщIэ 20 - 25-м нэсым. Мы Iуэхуми мыхьэ­нэшхуэ иIэу къызолъытэ, ди щIэблэр гъэгушхуэным теу­хуауэ. Къэрал IуэхущIапIэм щрагъэблагъэкIэ, абыхэм я гур хохъуэ, ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зэраIэнум нэхъ хущIегъэкъу. Мы Iуэхум щхьэкIэ мыхъур щхьэхуэ едгъэщIауэ ныбжьыщIэхэм тыгъэ яхуэтщI тхылъхэм «КъБР-м и Парламент» псалъэхэр тету ядот, паспортыр IуэхущIапIэм къы­зэ­рыщратар гукъинэж ящыхъун хуэдэу. Мы гъэми, Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэм, дыгъэгъазэм и 12-м ирихьэлIэу, ди мурадщ апхуэдэ зэхуэс къызэ­дгъэпэщыну. 
КъищынэмыщIауэ, хабзэфI тхуэхъуахэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм хэта ди нэхъыжь-хэм ди нэIэ ятедгъэтыныр, махуэшхуэхэм деж фэеплъ медалхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ дгъэ­гушхуэу, къызэрытщыгугъымкIэ защIэдгъакъуэу. Мыпхуэдэ Iуэхур пщэрылъ къыт­щамыщIми, абыхэм пщIэрэ гулъытэрэ яхуэт­щIы­ныр дэтхэнэми ди къалэну къызолъытэ. 
Сэ КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм сыхэтщи, дэIэпыкъу­ныгъэхэмкIэ жэуап схьыуэ, 2014 гъэм щегъэжьауэ Донецк Республикэм идогъашэ цIыхухэр нэхъ зыхуэныкъуэ­хэр. КъБР-м и Парламентыр жы­джэру йолэжь мы зэм­а­ным Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм  я унагъуэхэмрэ защIигъэ­къуэнми. Иджыблагъэ къы­зэры­халъхьамкIэ, депутат къэс унагъуэ тIурытIым ди нэIэ ятетынущ, гугъуехь гуэр къыкъуэкIмэ, нэхъ псынщIэу зэфIэха хъунымкIэ дысэбэпынущ. 
КъБР-м и Парламентыр сыт щыгъуи хущIокъу псапэ зыпылъ Iуэхухэми хэтыну. Пса­­лъэм папщIэ, депутатхэм илъэс къэс зыщIагъакъуэ республикэм и сабий школ-интернату 6-м.
- Политикэм хыхьагъащIэ­хэм, а Iуэхум хуеджэ ныб­жьы­щIэ­хэм сыт хуэдэ чэнджэщ ептынт? Сыт нэхъыбэу гу зылъатапхъэр? 
- Хъуну щытмэ, мы упщIэм и жэуапыр сфIэфIу сызэджэ «Два капитана» (Каверин Вениамин ейр) тхыгъэм къы­- хэс­хынут. Абы зэрыщыжыIащи, хъуэпсапIэм ухущIэкъун, у­лъы­хъуэн, ар зыIэрыбгъэ­хьэн, утемызашэу, укъимыкIуэту улэжьэн хуейщ.
- Заурбэч, фIыщIэ пхузощI ди упщIэхэм жэуап къызэ­реп­там папщIэ. ЕхъулIэныгъэ уиIэну, унагъуэкIи лэ­жьыгъэкIи!
Епсэлъар 
БАГЪЭТЫР Луизэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.12.2025 - 10:10

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэм зэрызыщрагъэу­жьым иджыблагъэ щы­теп­сэлъыхьащ республикэм и Парламентым.

16.12.2025 - 10:08

Республикэм и щIыхьыр зыIэтхэр

Налшык къалэм дэт, ЩIалэгъуалэм я унэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ дунейпсо утыкухэм республикэм и щIыхьыр лъагэу щызыIэта спортсменхэмрэ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыхилъхьа жэ

16.12.2025 - 10:07

«Дыщэ къалэмым» къызэщIиубыдэр

Ди гъунэгъу Шэшэн Республикэм и къалащхьэ Гроз­нэ блэкIа тхьэмахуэм и кIэу­хым Iуэхугъуэ хьэлэмэт ще­кIуэкIащ.

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ