ПСАПАЩIЭ КОНЦЕРТХЭР

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ дзэхэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым и артистхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэр даIыгъыу, апхуэдэуи ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуауэ псапащIэ концертхэр щатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.

Ахэр щекIуэкIащ Прохладнэ, Май къалэхэм, Новоивановкэ къуажэм. Абы еплъыну къекIуэлIахэм гуапэу ирагъэблэгъащ Урысей гвардием и творческэ гупыр.

- Ину фIыщIэ фхудощI, дызэрывгъэгушхуам папщIэ. Творческэ гъуэгуанэ кIыхьрэ ехъулIэныгъэщIэхэмрэ фиIэну ди гуапэщ, - жиIащ Прохладнэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Архангельский Вячеслав.

Ансамблым и артистхэм ягъэзэщIащ урысей, хамэ къэрал композиторхэм я уэрэд цIэрыIуэхэр, къафэхэр, я усэхэм къеджащ.

Концертхэр иухащ гупым и солистхэм ягъэзэщIа «В единстве сила и честь» уэрэдымкIэ.

Ансамблым и унафэщI, Дагъыстэн, Шэшэн Республикэхэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист, подполковник Бурмистров Василий къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ, лунейр мамыру щытыну зэрыхуейр къыхигъэщу.

Ансамблым и артистхэм иратащ Прохладнэ, Май, къалэхэмрэ Новоивановкэ къуажэмрэ я администрацэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д