IЭНАТIЭМ ЩЕКIУЭКIХЭМ ЗЫЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэр къызэрагъэ­щIэрэщIэжым, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам.

«Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектымкIэ республикэм щаухуащ икIи зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ IуэхущIапIэ зыбжанэм. Апхуэдэхэщ балигъхэм, сабийхэм щеIэзэ поликлиникэ къудамэхэр, амбулаториехэр, ФАП-хэр. Псори зэхэту объект 16 мэхъу. Мы зэманым IуэхущIапIэ 17-м лэжьыгъэхэр щокIуэкI, абыхэм ящыщщ Эльбрус, Куба, Кэнжэ, Октябрьскэ жы­лагъуэхэм щаухуэ амбулаториехэр. Эльбрус, Куба къуажэхэм лэжьыгъэхэр и кIэм щынэблэгъащ.
2025 гъэм Красносельскэ, Белая Речкэ, Жэмтхьэлэ, Светловодскэ, Къубэ-Тэбэ, Дей, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм амбулаториещIэхэр щау­хуэну я мурадщ.
ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат IуэхущIапIэхэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр гулъытэ нэхъ зыхуащIхэм ящыщщ. 2019 - 2023 гъэхэм «Къуажэ дохутыр» къэрал ­программэмкIэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщащ дохутыри 155-рэ, курыт медицинэ щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлIу 16. Ахэр псори ­трагуэшащ районхэм щыIэ сымаджэщхэм, абыхэм я ­къудамэу къуажэ пхыдзахэм щыIэхэм икIи абы­хэм псоми а Iуэхум хухаха ахъшэхэр яIэрыхьащ. Урысейм Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и минис­терствэм лъэIу тхылъ хуа­гъэхьащ иджыри ме­дицинэ IэщIагъэлIи 4 а Iуэхум къыхашэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэ­хъуну.
Прохладнэ район сымаджэщыр зыхуримыкъу IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрагъэпэщын папщIэ ­республикэ программэ зэхалъхьэ. Абы ипкъ ­иткIэ, дохутырхэм зэуэ ират ахъшэу сом мелуан 1,5-рэ яIэрыхьэнущ. ЗэраубзыхуамкIэ, ­зэман ­гъунэгъум Прохладнэ район сымаджэ­щым лэ­жьакIуэщIэхэр яIэнущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д