КъБР-м и Парламентым и комитетхэм мы зэманым щыхоплъэ «КъБР-м и бюджетыр 2024 гъэм, 2025-2026 гъэхэм ятещIыхьауэ» КъБР-м и законым и проектым.
Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ, Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ, Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщытеувыIащ НДФЛ-м, цIыхубэр хъумэнымкIэ Iуэхухэм хухах мылъкум, бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм.
ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ, Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ комитетхэм я зэIущIэм щедэIуащ налог хэхъуэхэр къэкIуэну илъэсищым зыхуэдэнум. Апхуэдэуи къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ узыфэ хьэлъэ зыпкърыт цIыхухэм хущхъуэ зэрыратымрэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зэрызыщIагъакъуэмрэ ехьэлIа Iуэхухэм, республикэм физическэ щэнхабзэмрэ туризмэмрэ зэрызыщрагъэужьым, бюджет IэнатIэ пэрытхэм я улахуэм зэрыхухагъэхъуэну Iэмалхэм.
ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ комитетхэм хэтхэм гулъытэ хэха хуащIащ сабий зеиншэхэм унэ зэрыратынум, егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ къахьым зэрыхухагъэхъуэну щIыкIэм. Апхуэдэуи депутатхэр тепсэлъыхьащ школ тхылъхэм текIуадэ ахъшэм, КъБР-м «Информационное общество» и къэрал программэм хыхьэ Iуэхугъуэхэр зэрагъэзащIэм, КъБР-м и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ управленэм хухах бюджет ахъшэм зэрыхагъэхъуэну щIыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI Iуэхум и ещанэ Iыхьэр 2024 гъэм зэрагъэзэщIэнум.
ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ, Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ комитетхэм я зэIущIэм щытепсэлъыхьащ хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ къэралыр зэрадэIэпыкъум, уэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэм хухах ахъшэр зыхуэдизынум, мэкъумэш техникэхэр щIэкIэ зэрызэрахъуэкIынум.
ЩэкIуэгъуэм и 9-м ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ, УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ, гъэсыныпхъэ-энергетикэ IэнатIэмкIэ комитетхэр хэплъащ республикэм и дэфтэр нэхъыщхьэм. ЗэIущIэхэм къыщащта унафэхэр иратащ КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ ахъшэ IуэхухэмкIэ и комитетым. Абыхэм къыщагъэлъэгъуахэр къалъытэнущ республикэм и бюджетыр къыщащтэкIэ.
ЗэрытращIыхьымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым теухуа законым и едэIуэныгъэхэр щэкIуэгъуэм и 21-м екIуэкIынущ. ЩэкIуэгъуэм и 30-м депутатхэр хэплъэнущ дэфтэрым и япэ еджэгъуэм.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.