ПАШЭ ХЪУАХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу «Зыгъэпсэхугъуэ иным» къыхэжаныкIа ­ныбжьыщIэхэм икIи дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну зэригуапэр жиIащ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр къыщагъэнэIуащ «Артек» ­дунейпсо сабий центрым щекIуэкIа «ИпэкIэ кIуэ!» урысейпсо зэхыхьэм. 

Зэхьэзэхуэр Iыхьэ-Iыхьэурэ мази 8-кIэ екIуэкIащ, цIыху мелуа­ни 3 хэтащ. Абыхэм ящыщу класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэ 1500-рэ кIэух зэIущIэм щызэныкъуэкъуащ. 
Зэпеуэм пашэныгъэ къыщызыхьахэм ящыщщ Бахъсэн къалэ дэт 6-нэ курыт школым щIэс Иуан Аскэр (гъэсакIуэр Тырныауз дэт 5-нэ гимназием пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ Абулькинэ Маргаритэщ); Налшык къалэм дэт 14-нэ гимназием щеджэ Текуев Валерэ (гъэсакIуэр Тырныауз дэт лицей №1-м физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Абулькин Рафаилщ); Налшык къалэ дэт 9-нэ курыт школым и еджакIуэ Шорохов Владимир (гъэсакIуэр эколого-биологие ­центрым и егъэджакIуэ Бердановэ Еленэщ).
НыбжьыщIэхэр гупу зэрылэжьэфыр къыщагъэлъэгъуащ. «Урысейм сропагэ» къыхуеджэныгъэм щIэту ахэр зэпеуэм и кIыхьагъкIэ пхыкIащ, кIэух зэIущIэм зи гугъу щащIар унагъуэ лъапIэныгъэхэрщ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ пашэныгъэ къыщызыхьахэмрэ къе­хъуэхъуащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей, нэгъуэщIхэри.
Зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэщ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ къэрал агентствэр, «Урысейр IэмалыфIхэм я къэралщ», «Зыгъэпсэху­гъуэ ин» АНО-хэр, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэр. Зэхьэзэхуэр гъэ къэс йокIуэкI «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хэту. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д