ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ ТОЛАЖЬЭ

«Созвездие дружбы» фIэщыгъэм щIэт XIII дунейпсо Артийскэ зэпеуэм щытекIуахэр Налшык щагъэлъэпIащ.

Жэпуэгъуэм и 27 - 30-хэм Налшык щекIуэкIащ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным, ­егъэ­фIэкIуэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбы­дэным, ахэр фIы и лъэныкъуэкIэ нэхъыбэм къегъэцIыхуным хуэгъэпса зэпеуэ.
Абы хэтащ Москва, Брянск, Астрэхъан, Сочэ, Волгоград, Ростов щIыналъэм, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ республикэхэм я къэфакIуэ гупхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ.
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, академик, ЮНЕСКО-м хэт, Дунейпсо Артийскэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Бейтыгъуэн Iэуес къыщыпсалъэм зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм тепсэлъыхьащ.
- Илъэси 8 хъуауэ мы зэпеуэм зэфIэкI зиIэ уэрэджыIакIуэхэр, къэфакIуэхэр, макъамэтххэр, Iэмэпсымэ зэмылIэужьы­гъуэхэм еуэхэр, модельерхэр, сурэтыщIхэр зэхуешэс. Мыбы и къалэн нэхъыщхьэр – зэфIэкI зиIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ ядэIэпыкъунырщ, защIэгъэкъуэнырщ. Дэ долэжь лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнми. Ди къэралым дежкIэ гугъу лъэхъэнэм мы зэпеуэм и фIыгъэкIэ иджыри зэ зыхэтщIащ зэныбжьэгъугъэм, зэгурыIуэныгъэм я IэфIыр, абы и мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Зэпеуэм къыхэжаныкIахэм щIыхь тхылърэ дыщэ медалрэ хуагъэфэщащ, гупхэм я унафэщIхэм – фIыщIэ тхылъхэр иратащ.
Я IэщIагъэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкI лъагэм, егъэджэныгъэ Iуэхум щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ - «Лауреат Артиады народов России» дыщэ медалымрэ «Балетмейстер года - 2023» цIэ лъапIэр хуагъэфэщащ: Хъущт ФатIимэ («Адыги» щапхъэ зытрах къэфакIуэ гуп), Мэремыкъуэ Артур («Насып» лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах гуп), Мякишевэ Светланэ («Малиновый рай» къэфакIуэ гуп), Мыз Хьэжмурат («Псыгуэнсу» лъэпкъ къафэхэмкIэ гуп), Албэрд Мыхьмуд («Стэуч» сабий къэфакIуэ гуп).
«Творческэ щIалэгъуалэм щIыхь зиIэ я гъэсакIуэ» цIэ лъапIэмрэ дыщэ медалхэмрэ хуагъэфэщащ: Уджыхъу Давид, Донец Александрэ, Тимошенкэ Ларисэ, Рамазановэ Зайтун, Дэбагъуэ ФатIимэ, Муцаевэ Седэ, Бэрзэдж Беллэ, Бэрбэч Светланэ сымэ.
«Созвездие Дружбы» зэпеуэм и Гран-прир «Музыкэ» лIэу­жьыгъуэмкIэ хуагъэфэщащ: Дагъыстэным щыщ «Эхо гор» гупым (унафэщIыр Муталимов Хъалидщ), Брянск къикIа «Лукошко» гупым (я унафэщIхэр:Луговэ Людмилэрэ Бондаревэ Лерэрэщ).
 Бейтыгъуэн Iэуес зэпеуэм хэтахэм ехъуэхъуащ заужьыну, ефIэкIуэну, ехъуэлIэныгъэ щымыщIэну.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу. 

15.10.2026 - 09:17

Хьэлэмэту икIи купщIафIэу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэшхуэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэ купщIафIэ, зэхуэзэ хьэлэмэт куэд махуэ къэс щекIуэкI IуэхущIапIэ цIэрыIуэщ.

15.10.2026 - 09:16

ЩIэ­ныгъэ ират къудейкъым

Дзэлыкъуэ районым щагъэлъэпIащ егъэджа­кIуэ­хэр. Абыхэм папщIэ екIуэ­кIа зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ иджыблагъэ райо­ным и унафэщIу хаха Хъуэ­кIуэн Мурат.

15.10.2026 - 09:14

ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр зэрахъумэр

хьэ­ры­чэтыщIэхэм я хуи­тыныгъэ­хэр хъумэнымкIэ Урысейм и Президентым и деж щыIэ уполномоченнэм и IуэхущIапIэм игъуэ­та зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ иджыпсту щекIуэкI лэ­жьыгъэхэмрэ ды­щи­гъэ­­гъуэ­­зэну д