КЪУАЖЭХЭМ Я IУЭХУ ЗЫIУТЫМ ЗЫЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

Бахъсэн куей администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур иджыблагъэ къызэхикIухьащ щIыналъэм и къуажэ зыбжанэ икIи зригъэлъэгъуащ абыхэм щыщыIэ щытыкIэр, жылэдэсхэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам зыщигъэгъуэзащ.
Къубэ-Тэбэ къуажэм Балъкъызыр щыIащ «ПсэупIэмрэ къалэхэм я зэIузэпэщыгъэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ 2018 гъэм яухуауэ щыта зыгъэпсэхупIэ щIыпIэм. ЩIыналъэмрэ къуажэмрэ я унафэщIхэм абдеж щаубзыхуащ цIыхухэр лэжьыгъэм, я унагъуэ Iуэхухэм къыщыдэхуэ зэманым къыздэкIуэ щIыпIэр къэгъэщIэрэщIэжыным, зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр.
  ИужькIэ Балъкъызыр щыIащ езанэ курыт школым, зыщигъэгъуэзащ сабийхэр щеджэ пэшхэр, зыгъэпсэхупIэхэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм икIи илъэгъуахэм арэзы техъуащ. 
Куба къуажэм дэт сабий садми яхуеблэгъат щIыналъэ администрацэм и унафэщIыр икIи къызэхиплъыхьащ ухуэныгъэмрэ абы къедза щIыпIэхэмрэ. Ахэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм теухуа унафэ иужькIэ къащтащ.
Псыхъурейм и уэрам нэхъыщхьэм бгъурыкI лъэс лъагъуэхэр къыхагъэщхьэхукIащ, зыхуей хуагъэзащ, сабий садым щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэри и кIэм нэблэгъащ. Абыхэми арэзы техъуащ хьэщIэхэр, къимыдэкIэ ялъэгъуащ еджакIуэ цIыкIухэр шхын пщтырхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар, я пщэфIапIэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ нэсу къызэрырызэгъэпэщар, къабзагъэр дэнэкIи нэм къызэрыIуидзэр.
Апхуэдэуи Балъкъыз Артур къиплъыхьащ Кременчуг-Константиновскэм и курыт еджапIэр икIи зригъэщIащ абыи лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэм пщэрылъ ящищIащ районым и курыт еджапIэхэм ящыщу зэгъэпэщыжын хуейхэр, лэжьыгъэхэр зыхуэдэнур яубзыхуну. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.

15.05.2026 - 09:03

Дипломат ныбжьыщIэхэр ягъэхьэзыр

ООН-м къызэригъэпэщ «Мамырыгъэм    и жьэгу» джэгукIэм тращIыкIауэ Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI зэхыхьэр иджы­благъэ ди республикэм щызэхашащ.