КЪАЗМАКЪЫР УЗЫНШАГЪЭМКIЭ СЭБЭПЩ

Къазмакъыр метри 5-м нэс зи лъагагъ къуацэчыцэщ. Ауэ метр 15-м нэблагъэ къазмакъей урихьэлIэнкIэ хъунущ - щыIэщ апхуэдэ лIэужьыгъуи. Абы щыгъуэм ар жыгым хабжэ. Къазмакъыр мэгъагъэ мэлыжьыхьым - накъыгъэм. Къудамэхэм банэ пызщ, бжыхьэм деж къазмакъ гъуэжьхэр къудамэхэм щызэкIэщIэту къыпокIэ. Къазмакъейр илъэс 60 - 80-кIэ мэпсэу.

Губгъуэ къазмакъым ущрихьэлIэнущ Кавказым, Европэм, КъухьэпIэ Азием, Азие Курытым, Монголием, Китайм, Пакистаным, Индием. Урысейм и щIыналъэхэу къыщокI Кавказ Ищхъэрэм, КъуэкIыпIэ Сыбырым, Алтайм.

Пасэрей алыджыбзэм укъытекIмэ, къазмакъым «шым и цыпэ цIу» жиIэу къокI. Пасэрей алыджхэм тIэпIын щIэзыдза къэзмакъейм а тIэпIахэр къыпахырти, сымаджэ хъуа шым ирагъэшхырт. Абы и ужькIэ шым щIэхыу зыкъиужьыжырт, и цыпэр цIу хъурт.

Къазмакъым теухуа япэ тхыгъэхэм ущрохьэлIэ пасэрей Алыджым и философхэм я тхыгъэхэм. Алыдж мифологием къызэрыщыкIуэмкIэ, къазмакъыр дамэ зытет шым - Пегасым - нэхъыфI дыдэу илъагъу шхыныгъуэт. ПIалъэ кIыхькIэ къазмакъейм къыпыкIэр пшхы мыхъу я гугъэурэ къекIуэкIащ. Нэхъ иужькIэ къазмакъым гу лъатащ, чыцэр хасэурэ къагъэкI хъуащ, ауэ зыгуэр ирагъэщIэращIэут нэхъыбэм къызэрагъэсэбэпыр. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Санкт-Петербург ботаникэ хадэ къазмакъей куэду щыхасащ, Алтайм жылэхэр кърашри. XX лIэщIыгъуэрщ къазмакъыр куэду яшх щыхъуар, узыншагъэмкIэ зэрысэбэпыр цIыхухэм къащыгурыIуар. XX лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм къазмакъым хущхъуэгъуэу хэлъхэр къахутащ, къазмакъ дагъэм и фIагъхэр къащIащ. Чернобыль АЭС-м аварие къыщыхъуам щыгъуэ къазмакъыр къэсэбэпащ радиацэм пэщIэт хущхъуэгъуэу. Къазмакъым щIэныгъэр зыщыгъуазэ витамин псори къанэ щIагъуэ щымыIэу хэлъщ. Ар къулейщ серотонинкIи флавоноидкIи. Къазмакъыр хагъэхьащ урысей космонавтхэм я шхыныгъуэм. КъэкIыгъэр медицинэм куэду къыщагъэсэбэп. Абы уIэгъэр щIэхыу егъэкIыж, пщтырым иса фэр егъэхъуж, нэмкIи сэбэпщ. Къазмакъейм и тхьэмпэм куэду хэлъщ пыхусыхум пэщIэт пкъахуэхэр. Жэп къемых щIыкIэ къазмакъыр гуащIэщ, щIыIэ къэхъуа нэужь къыпыпчым и гуащIэр нэхъ щIэкIащ.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы